МВД-м къет «Iущхьэ-2021»Апхуэдэ фIэщыгъэр зиIэ профилактикэ Iуэхур Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэхаублащ. КъБР-м щыIэ МВД-м къызэритымкIэ, ар 2021 гъэм и накъыгъэ - жэпуэгъуэ мазэхэм Iыхьитхуу гуэшауэ республикэм щрагъэкIуэкIынущ. Езыр-езыру къэкI наркотикхэкIхэр хабзэм къемызэгъыу ирагъэкIыныр къызэпыудынырщ, апхуэдэ хабзэншагъэхэр къыщIэгъэщынырщ, афиян зыхэлъ къэкIыгъэхэр хабзэм ебакъуэу хасамэ, апхуэдэхэр къыщыкIхэр къэхутауэ гъэкIуэдынырщ мураду зыхуагъэувыжыр. Лэжьыгъэр хабзэхъумэ IэнатIэхэм, район, къуажэ администрацэхэм я лIыкIуэхэм зэщIыгъуу ирагъэкIуэкI.
Поделиться:
Читать также:
09.05.2024 - 13:09 →
ЦIыхубэр зэрыпагэ, зэрыгушхуэ
09.05.2024 - 13:08 →
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу цIыхухэм зэрехъуэхъур
09.05.2024 - 12:07 →
Путин Владимир и къулыкъум пэрохьэ
08.05.2024 - 17:09 →
Хэт и дамэр нэхъ кIыхь?
08.05.2024 - 16:06 →
Зауэм и бынхэм гулъытэ хуащIу
|