Школхэр гъэ еджэгъуэщIэм хуагъэхьэзыр

КЪЭРЭШЕЙ-ШЭРДЖЭС. Республикэм и Iэтащхьэм и нэIэ щIэту йокIуэкI курыт школхэр гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуа­гъэхьэзырыр. ИджыкIэ школи 176-мрэ сабий IыгъыпIэу 134-мрэ къагъэ­щIэращIэ, зэлъыIуах. Къи­щынэмыщIауэ, IэщIагъэлIхэм къапщытэ зэ­рырагъаджэ тхылъхэмрэ щIэныгъэ-педагогикэ литературэкIэ школхэр зэрыхуэщIар.

Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид и унафэкIэ, 5-9-нэ классхэм папщIэ сом 92 986-рэ и уасэ тхылъхэр къащэхуащ, ахэр къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ мыгувэу трагуэшэнущ. Гулъытэ хэха ­хуащI еджапIэхэр шына­гъуэншэу щытыным, мафIэсым зэрыщахъумэ Iэ­мэпсымэхэр щIэшэным. ­Iэтащхьэм зэрыжиIамкIэ, дэтхэнэ школми щылэ-жьэн хуейщ хъумакIуэ-мафIэс сигнализацэр, полицэр къызэрыраджэ телефоныр, къэзыщIым и номер къызытридзэ телефон-автоматыр, видео камерэхэр, нэгъуэщIхэри.

 

Поделиться: