«Спартак-Налшыкым» гугъуехьышхуэ пылъу япэ текIуэныгъэр къехь

ШыщхьэуIум и 15-м Налшык щызэхуэзат Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2021 - 2022 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ джэгугъуищми текIуэныгъэм и IэфIагъыр щызыхэзымыщIа ди щIалэхэмрэ псоми къыщыхагъэщIа «ЕсэнтIыгумрэ». Абы къыхэкIыу я тренер нэхъыщхьэ Заздравных трагъэкIарэ и пIэкIэ зыри ямыгъэувауэ хьэщIэхэр къэкIуат. 
 
«Спартак-Налшыкым» тыншу япэ текIуэныгъэр зыIэригъэхьэну къыпщыхъунут, нэхъапэкIэ щыIа зэIущIэхэм ар ЕсэнтIыгум и командэм сыт щыгъуи ефIэкIыу зэрыщытари я щытыкIэ гугъум хэплъхьэжмэ. АрщхьэкIэ, ерагъкIэщ очкоищыр зэрызыIэригъэхьар. 
Пэжщ, хэгъэрейхэр ебгъэрыкIуэ зэпыту джэгур екIуэкIащ. Iэмал гъуэзэджэ куэди къахукъуэкIат топ дагъэкIыну. Къапщтэмэ, Багъэтыр Альберт штрафнойр игъэзэщIа иужькIэ, хьэщIэхэр къезыгъэлар гъуэм и пкъоращ. Бенедык Данили щхьэкIэ зэуа топым «ЕсэнтIыгум» и гъуащхьэтетыр зэрыпэлъэщар къэщIэгъуейщ. 
Джэгум и япэ Iыхьэм къыщIагъуа дакъикъэращ «Спартак-Налшыкым» бжыгъэр къыщызэIуихыфар.  Угловой къыхата иужькIэ Ашуев Магомед топыр щхьэкIэ гъуэм нэхъ пэгъунэгъуж ищIащ икIи, абы япэу нэса Къумыкъу Ислъам, ар гъуащхьэтетым щхьэпридзащ.
Налшыкдэсхэр джэгупIэ губгъуэм икIащ загъэпсэхуну, бжыгъэр къызэIуахарэ я лъэр жан хъуауэ. Къызэрихьэжу я гукъыдэжыр къызэпиудащ иджыблагъэ ди командэм и гъуащхьауэ нэхъыфIу щыта Бацэ Къантемыр. «Спартак-Налшыкыр» къыщыхумеижым ар гъунэгъу ЕсэнтIыгум Iэпхъуащ икIи и зэфIэкIыр лъагэу къызэрынэжыр ди тренерхэм иджыри зэ наIуэ ящищIащ. Гъуащхьэтет Антипов Антон гъуэм къызэрыдэкIуэтыкIар къилъагъури, абы топыр Iэзэу блигъэкIащ. Иджыблагъэ зыхэта гупым топ зэрыхудигъэкIам  Къантемыр щыгуфIыкIыщакъым икIи и зыIыгъыкIэмкIэ  ар къигъэлъэгъуащ.
Псори щIэрыщIэу къыщIидзэжын хуей хъуащ адэкIэ «Спартак-Налшыкым». ЕмыкIут уи стадионым щыхыумыгъэщIэфыну пэщIэдзэ джэгугъуищми бжыгъэшхуэ защIэкIэ щыфIахьауэ зэхьэзэхуэм иужь дыдэ увыпIэр щызыIыгъ командэр. А напэтехым налшыкдэсхэр къизышар зэIущIэм и кIэухым кърагъэхьа КIэдыкIуей Хьэкимрэ Бажэ Амиррэщ. Джэгум хухаха зэманыр щиух дыдэм зым пенальти къилэжьащ, адрейм ар гъуэзэджэу ар игъэзэщIащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, гугъуехьышхуэ пылъу ди щIалэхэм япэ текIуэныгъэр щызыIэрагъэхьащ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым иджыблагъэ щыщIэзыдза зи чэзу зэхьэзэхуэм. АдэкIэ нэхъ тынш хъуну къыщIэкIынщ.  
ШыщхьэуIум и 18-м къыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» иригъэкIуэкIынущ. Прогрессым ди щIалэхэр щаIущIынущ абы и «Биолог-Новокубанск»-м.                                                                          
Къаудыгъу Заур.
Поделиться:

Читать также: