Тхыдэр мывэ сурэткIэ зытхыж

Тыркум щыпсэу адыгэхэм гъуазджэм Iэзагъ къызэрымыкIуэ къыщызыгъэлъагъуэ куэд зэрахэтым дыщыгъуазэ пэтми, я тырку унэцIэм зэрыадыгэр щытфIигъэпщкIу къохъу. Абыхэм язщ мывэм фэеплъ инхэр къыхэзыщIыкI Ачин Нухь.

 Тырку унэцIэ зэрихьэ щхьэкIэ, Нухь хыIуфэIус шапсыгъхэм ящыщщ,  Лъэпщыкъуэхэ къахэкIащ. Къэралыгъуэм и тхыдэр къызыхэщ мывэ фэеплъхэрщ  Нухь нэхъыбэу ирагъэщIыр. Тыркум и тхыдэм зи цIэр фIыкIэ къыхэщ тхыдэ лIыхъужьхэм я теплъэр мывэм къыхеIущIыкI. Ауэ езым и гуащIэр зэрыщыту зрихьэлIэр адыгэ тхыдэм епха хьэпшып къызэрымыкIуэхэрщ, зыхуэбгъэдэфыни дунейм теткъым абы и Iэужьхэр. Аращ нэрыгъыу иубыдауэ, езыри лъэщапIэм щIэмыхьэу, щIыбым щIыщылажьэр. Нухь нэхъ къещтэ и фэеплъхэр хьэуа къабзэм къыщызэфIигъэувэну. Апхуэдэ щIыкIэу абыхэм  щIыуэпсымрэ дунеймрэ я дахагъэр яхелъхьэф. Лъэпщыкъуэм и унэ-лъапсэ Истамбыл къалэкIэм щыIэр псысэм къыхэувыкIа хуэдэу къыщIыпфIэщIри аращ.

- ТIуапсэ и Iэхэлъахэм щыпсэуа си адэжьхэр Урыс-Кавказ зауэм и кIэм езыхэм я лъэпкъэгъу щэрэ минхэм я гъусэу Тыркум щтапIэ щихьэжауэ щытащ, - Нухь и унагъуэм и тхыдэм щыгъуазэ дещI. - Ауэ Хэкур зэрабгынар псоми ещхьу хы гъуэгуанэкIэкъым, КавказщIыб щIыналъэм пхыкI лъэс гъуэгукIэщ. ЯпэщIыкIэ ахэр Эрзрум пытIысхьахэщ, иужькIэ къэралым икукIэ кIуэтащ.

И лъэпкъым и тхыдэр нэгъэсыпауэ иджри, Нухь  нарт лIыхъужьым ещхьу, езым и IэкIэ Кавказымрэ Шэрджэсеймрэ я тхыдэм къыхэщ цIыхушхуэхэм я фэеплъ абрагъуэхэр мывэм къыхиIущIыкIащ. Нобэ абы и унэ щиухуэжа  музейм щыболъагъу  зи лIыгъэр кавказ тхыдэм къыхэлыдыкI лIы ахъырзэманхэм я фэеплъхэр: Хьэжы Дэгумокъуэ Бэрзэдж, Дыгъужьыкъуэ Къазбэч, Бэлэтокъуэ Жамболэт, Шупакъуэ Къалэбатэ, Щамил Iимамыр, щихъ Мансур, Хьэжы Мурат сымэ. Адыгэ таурыхъхэм хэт лIыхъужьхэми уарохьэлIэ. 

 

ЧЭРИМ Марианнэ. «Шапсугия» газетым къитхащ.
Поделиться: