ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Нобэ

♦Урысейм и Географым и махуэщ. 1845 гъэм къызэрагъэпэщащ Урыс географие зэгухьэныгъэр.
♦Азербайджанымрэ Къэзахъстанымрэ щагъэлъапIэ я гъунапкъэхъумэ дзэхэм я махуэр
♦Таджикистаным и медицинэ лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦1682 гъэм
Урысей пащтыхьыгъуэм и тет хъуащ Пётр Езанэр. 
♦1782 гъэм Санкт-Петербург къалэм къыщызэIуахащ Пётр Езанэм и фэеплъыр (иужькIэ «Гъуаплъэм къыхэщIыкIа шууей» зыфIащар).
♦1787 гъэм Урысейм щыяпэу рабочэхэм я демонстрацэ щекIуэкIащ Санкт-Петербург. Пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм хуэтхьэусыхэну къызэхуэсат ухуакIуэ 400.
♦1900 гъэм урыс инженер Перский Константин япэу къигъэсэбэпащ «телевиденэ» псалъэр. 
♦1920 гъэм США-м и конституцэм зэхъуэкIыныгъэ халъхьащ, цIыхубзхэми Iэ яIэтыну зэрыхуитыр къыщыгъэлъэгъуауэ.
♦1941 гъэм КъБР-м тхьэмахуэ щIыхьэху щекIуэкIащ. Абы хэтахэм къалэжьа сом мин 300-р Зыхъумэжыныгъэм и фондым халъхьащ.
♦1966 гъэм Мазэм и щхьэфэм сурэт трихащ НАСА-м абы хуэщIауэ иутIыпща Iэмэпсымэм икIи ахэр ЩIым къигъэхьыжауэ щытащ.
♦1991 гъэм Горбачёв Михаил Форос (Кърым) щыIэ зыгъэпсэхупIэм къыдэкIыну хуимыту даубыдат къэралым зэхъуэкIыныгъэхэр щезыгъэкIуэкIыну зи мурадахэм. 
♦1600 гъэм къалъхуащ нэмыцэ дипломат, адыгэхэм я псэукIэ-зэхэтыкIэм тетхыхьа Олеарий Iэдэм.
♦1945 гъэм къалъхуащ совет композитор цIэрыIуэ, уэрэджыIакIуэ Мигуля Владимир.
♦1957 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, прунж гъэкIыным елэжь щIэныгъэ центрым и унафэщI Хъурум Хьэзрэт.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 28 - 29-рэ, жэщым градус 20 - 21-рэ щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Псалъэ бзаджэ губзаджэщIщ, гурыщхъуэ щIыныр хуэмыхугъэщ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ