Тэрч къалэр япэщ

Тэрч щIыналъэм хыхьэ Инарыкъуей къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ футболымкIэ турнир цIыкIу.
    Физкультурникым и махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща зэпеуэм хэтащ Астемырей, Курп Ипщэ, Инарыкъуей, Тэрч, Болэтей щыщ гупхэр.
    Ар къызэрагъэпэщащ Тэрч муниципальнэ щIыналъэм спортымкIэ и къудамэм.
    ГуащIэу екIуэкIа зэпеуэм япэ увыпIэр Тэрч къалэм и гупым къыщахьащ, етIуанэ хъуащ Болэтей къикIахэр, Инарыкъуейхэм ещанэ увыпIэр зыIэрагъэхьащ.
    Зэпеуэм гъуащхьэтет нэхъыфIу къыщалъытащ Джэрмэшык Зулымбэч, гъуащхьэхъумэ нэхъыфIыр Щоджэн Анзорщ, нэхъыфIу джэгуауэ къалъытар Хьэшыр Къантемырщ.
    Зэпеуэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ фэеплъ саугъэтхэмрэ иратащ.

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: