ЛъагъуэжькIэ - зекIуэ

БэшэчагъкIэ дуней псом щыцIэрыIуэ адыгэшыр гъэунэхупIэ изыгъэувэр, зыпсыхьыр гъуэгуанэщ. Ар къыхуигъэщIащ гъуэгу жыжьэ зэпичыным, и плIэм исыр имыгъэщIэхъуным.
«Шагъдий вагъуэбэр – Шапсыгъым» шууей зекIуэу иджыблагъэ екIуэкIам хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгэ Республикэм я шухэр.

ШахэкIэцIыкIукIэ щежьэри, Псыбэ къуажэм нэс километр щитIым нэс якIуащ.
Хабзэм тету екIуэкIащ зекIуэр. Зэдэшэсахэм адыгэ фащэр ящыгъащ. Шупашэ нэхъыжьу яIащ Налшык щыщ Гуэщокъуэ Абдул Бакъий. Зэрыхабзэу, ар пщIэгъуалэм тест. ЗэрызекIуэну къыхаха гъуэгур лъагъуэжьт, куэд щIауэ щыземыкIуаIауэ. Абы нэхъри пэгъунэгъу ищIхэрт блэкIа зэманым. Къуажэ къэс къыщызэтеувыIахэщ, цIыхухэр къащыгуфIыкIащ, хабзэ дахэрэ хьэщIагъэрэ къыкIэлъызэрахьащ, адыгэ шхыныгъуэхэр хузэблахащ, пшыналъэрэ уэрэдкIэ ягъэгушхуащ. Адыгэ ныпымрэ шу хасэм я ныпымрэ щIэту къуажэ пщыкIутI къызэхакIухьащ. ЗекIуэр узыгъэгупсысэт, узыпсыхьт, узэщIэзузадэт.
- Адыгэ щIыналъэм уитыну сыт и уасэ, адыгэлIрэ адыгэшрэ зэрыщыIэр бгъэлъагъуэу. Псом хуэмыдэу гъунэгъу дызэхуищIырт лъагъуэжькIэ дызэрызекIуэм – дызэрыIыгъын, дызэкъуэтын зэрыхуейр къыдиIуэкIырт. ЗекIуэм и мыхьэнэр инщ. Ар гъэсэныгъэми и зы щапхъэщ – щIэблэр дэзыхьэхын хуейр Iуэху дахэрщ, - къыддогуашэ АбытIэ Iэубэчыр.
- Шапсыгъ зекIуэр гугъу дыдэт - е бгым удэкIырт, е егъэзыхыгъуэт, е мэз Iувт, е псы ежэхт. МахуитIкIэ уэшхыр зэпыуакъым. Ауэ дэ а уэшхми нэщэнэфI хэтлъэгъуащ: шухэр депсыхыну Iэмал щIагъуэ димыIами, езы шыхэр мыпщIантIэу, нэхъ къаймыхьэлъэкIыу зекIуахэщ, - жеIэ Шыбзыхъуэ Амир.
- Дунейр пшагъуэт. Пшагъуэм дыкъыщыхэкIым, си гур егъэлеяуэ игъэпIейтеящ асыхьэту сызэгупсысам: Дэ гупыр тхыдэм дыкъыхэкI хуэдэт, зэманыжьым дыщыIауэ, пасэрейм дахэтауэ. Абы я лъагъуэр дэри тщIэкIыжырт, - зекIуэр зэрызыхищIам топсэлъыхьыж ЛэгъукIэ Ислъам.
Темыр Умар къыхигъэщащ адыгэшым лъэпкъым папщIэ иIэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэн зэрыхуэдизыр.
- Шым дызэпещIэ, дызэрегъэубыд, лъэпкъыр зы дещIыж. Гъуэгуанэ жыжьэкIэ, зекIуэкIэ адыгэшым къыпэхъун щыIэкъым. Мы Iуэхуми ар къигъэлъэгъуащ, - жиIащ абы.
ЛъагъуэжькIэ – зекIуэр лъэпкъым и зы дуней телъыджэт, псэкIэ улъэIэсу гъадэщIыдэм къикI гупсысэ хэлът. Лъагъуэжьым гугъэм утришэрт.

 

 

Гъуэт Синэ.
Поделиться: