Аруан IуащхьэхэрЕвразием и Iуащхьэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм итщ. Археологием и фэеплъ телъыджэу КъБР-м и Аруан щIыналъэм щыIэм я лъабжьэр ди эрэм ипэкIэ IV – III лIэщIыгъуэхэм къыщожьэ икIи мейкъуапэ щэнхабзэм хохьэ. Пирамидэхэм я ныбжьщ - Псори зэхэту Iуащхьэхэр 50-м щIегъу, абыхэм ящыщу 3-р я инагъкIэ адрейхэм къахощ. Аруан Iуащхьэ гупым хэтхэм я нэхъ ин дыдэм и лъагагъыр метр 30-м, и хъуреягъым къиубыдыр I50-м щIегъу, - жеIэ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, ЩIэныгъэмкIэ урысей академием АрхеологиемкIэ и институтым и щIэныгъэлI нэхъыжь Амиров Шахмардан. – Iуащхьэм и инагъым къегъэлъагъуэ абы щIалъхьар пщIэшхуэ зиIэ цIыхуу зэрыщытыр. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, ар лъэпкъ гуэрым и унафэщIу щытагъэнущ. Абы и пщIэмрэ и зэфIэкIымрэ щыхьэт тохъуэ Iуащхьэр щIыным мылъкушхуи лэжьыгъэшхуи зэрытрагъэкIуэдам. IV – III лIэщIыгъуэхэм апхуэдэ Iуащхьэхэр здэщыIар Месопотамие Ипщэмрэ Мысыр Ищхъэрэмрэщ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
02.05.2024 - 12:31 →
Зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI дохутыр
02.05.2024 - 12:28 →
ТхьэкIумэкIыхь зыгъэхъухэм ящIапхъэщ
01.05.2024 - 13:43 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» зрагъэубгъу
|