Бжьыхьэ лэжьыгъэ

«Шынагъуэншэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ, Инарыкъуейрэ Къаншыуейрэ я зэхуакум дэлъ километрих зи кIыхьагъ гъуэгур зэрагъэпэщыж.
Лэжьыгъэм и нэхъыбэр зэфIагъэкIащ, асфалътыжьыр тратхъунщIыкIщ, трагъэзэгъэжри, асфальт-бетоныр Iуву тралъхьэн щIадзащ. Мы лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп абдж зыхэлъ полимер, геотекстиль пкъыгъуэхэм асфалътыр нэхъ быдэ ищIынущ.
IэщIагъэлIхэм лэжьыгъэ псори бжьыхьэм и кIэм яухыну я мурадщ.
 

 

НафIэдз Мухьэмэд.
Поделиться: