НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 29

Мэрем

♦Инсультым пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ

♦Комсомолыр къыщызэрагъэпэща махуэщ

♦1943 гъэм Налшык ФЗО школ къыщызэIуахащ.

♦1930 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-мрэ АР-мрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Пэнэф Сэфар.

♦1934 гъэм къалъхуащ юрист, тхакIуэ Сэрахъэ Александр.

♦1948 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Балъкъэр Тамарэ.

 

*Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 6-рэ дакъикъэ 36-м, къухьэжынущ сыхьэт 17-рэ дакъикъэ 01-м.

*Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэт 10-рэ дакъикъэ 25-рэ.

 

Дунейм и щытыкIэнур

 «pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, ди республикэм пшэр техьэ-тек1ыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 - 14-рэ, жэщым градус 3 - 5 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Лъахъшэу тIысыну хуейкъым, лъагэу тIысыпIэ игъуэтыркъым.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

08.05.2024 - 09:00 НОБЭ
07.05.2024 - 09:12 НОБЭ
06.05.2024 - 13:11 НОБЭ
03.05.2024 - 09:08 НОБЭ