Гъэлъэгъуэныгъэхэм заубгъуСурэтыщI-модельер ТIажь Альбинэ, Лъэпкъхэм я унэу Москва дэтыр, Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэр зэгъусэу къызэрагъэпэщ гъуазджэмкIэ «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» дунейпсо сабий-ныбжьыщIэ фестиваль-зэпеуэ. ДэIэпыкъуэгъу мэхъу ЮНЕСКО-м и IуэхухэмкIэ УФ-м и комиссэр, УФ-м ЩэнхабзэмIэ и министерствэр, Москва, КъБР-м я правительствэхэр, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэр. «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» арт-проектым хуэдэ Урысейми хамэ къэралхэми щыплъагъунукъым. 2012 гъэм абы УФ-м и Правительствэм и саугъэтыр къыхуагъэфэщащ. 2019 гъэм Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэхэм УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэр щIыгъуу «Москва-Дамаск» арт-марафоныр ирагъэкIуэкIащ. БгъэIэпхъуэ хъу художественнэ гъэлъэгъуэныгъэхэр яшащ Москва, Мэздэгу, Псыхуабэ, Черкесск, Мейкъуапэ, Севастополь, Алуштэ, Агуий-Шапсыгъ, Сыхъум, Налшык, «Артек» сабий зыгъэпсэхупIэм. УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм къыхилъхьэри, «Дзэ сымаджэщ 412» кIэзонэ IуэхущIапIэм и ещанэ къудамэм апхуэдэ зы Iуэху щрагъэкIуэкIащ. А сымаджэщым щагъэлъэгъуащ «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэхэр» X дунейпсо сабий-ныбжьыщIэ фестиваль-зэпеуэм щытекIуахэмрэ абы и лауреатхэмрэ, «Сирием мамырыгъэ щыIэну хъуейщ Урысейм и сабийхэр» арт-марафоным хэтахэм я IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэч и лэжьыгъэхэр, Урысейм и сурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт ТIажь Альбинэ и IэдакъэщIэкIхэр, Греков М. Б. и цIэр зезыхьэ студием и дзэ сурэтыщIхэм ящIахэр.
Поделиться:
Читать также:
09.05.2024 - 13:09 →
ЦIыхубэр зэрыпагэ, зэрыгушхуэ
09.05.2024 - 13:08 →
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу цIыхухэм зэрехъуэхъур
09.05.2024 - 12:07 →
Путин Владимир и къулыкъум пэрохьэ
08.05.2024 - 17:09 →
Хэт и дамэр нэхъ кIыхь?
08.05.2024 - 16:06 →
Зауэм и бынхэм гулъытэ хуащIу
|