Анэдэлъхубзэмрэ щIэблэмрэКъэрэшей-Шэрджэсым къыщызэIуах нэгъуэщIыбзэкIэ щыIэ мульфильмхэр республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэмкIэ щрагъэтхыну студие. А Iуэхум щелэжьынущ Алиев Умар и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым. КъШР-м и Правительствэм къелъытэ анэдэлъхубзэр нэхъыфIу зэрагъэщIэнымкIэ щIэблэм ар къахуэщхьэпэну. Къэрал университетым бзэ къэхутэныгъэхэмкIэ и центрым и IэщIагъэлIхэр и ужь ихьащ япэ мультфильмыр зэрадзэкIыным. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щIалэгъуалэ проектхэм теухуауэ щрагъэкIуэкIа зэпеуэм щытекIуащ республикэм и ныбжьыщIэхэм я анэдэлъхубзэхэр зрагъэщIэным зэрыщхьэпэн программэр. Ар къызэригъэпэщащ ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 17:46 →
Зи напэ емыплъу лъэбакъуэ зымыча
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
|