СурэтыщIым и гупсысэхэр

КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием хэт, Къандур И. и цIэкIэ щыIэ дунейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэща Црым Руслан и лэжьыгъэхэр Москва «СТАНБЕТ» галереем щахъумэ, и гъэлъэгъуэныгъэхэр Налшык, Сыхъум, Владикавказ, Москва, Санкт-Петербург къалэхэм, США-м, Иорданием, Финляндием, Инджылызым, Германием, Эстонием щекIуэкIащ. Художникым и гупсысэкIэр, зэрызиужьар, и дуней еплъыкIэр тфIэгъэщIэгъуэну жиIахэм пычыгъуэхэр къыхэтхащи, фыщыдогъэгъуазэ. 
«СурэтыщIым дежкIэ нэхъ гугъур щIэ гуэрым ар хунэсын-лъэIэсынракъым, атIэ зэман-зэманкIэ зыIыгъа гупсысэхэр иутIыпщынырщ. Зы Iуэхугъуэм зэпымыууэ егупсысу щытмэ, нэгъуэщIыр абы къигъэщIыфыркъым. Абы и лэжьыгъэм къыщыщIидзэр и гупсысэр къызэриIуэтэнумрэ ар зэритхынумрэ емыгупсысыж щыхъуарщ». 
«…ГъащIэм и купщIэм сылъыхъуэн хуей хъуакъым зэи, сыту жыпIэмэ сурэтыщI къызэрысхэкIынур сызэрыцIыкIурэ сщIэрт. Ауэ сыкъыщыхъуа къуажэ курыт школым (Псыгуэнсу) сурэт щIыным дыхуигъэсэну диIар биологиемкIэ езыгъаджэрат. Ар си дежкIэ мащIэт, ауэ сэри сыерыщти, зэрызызужьыным езыр-езыру сыхущIэкъурт. Си анэм IуэхукIэ сыдигъэкIамэ, зыкъомрэ сыкъэкIуэжыртэкъым, сурэт щIыным сыдихьэхыIуэти, гъуэгум сыкъытенэрт…»
«Школ нэужьым еджапIэ сыщIэтIысхьэн хуей хъури, экзаменым сыкIуащ. Пэжыр жысIэмэ, зэхьэзэхуэм ерагъкIэ сыкIуэцIрыкIауэ арат. Сурэт сщIыуэ сыкъыдэкIуэтеями, абы хэсщIыкIышхуэ щыIэтэкъым. …ТхылъымпIэ напэшхуэ зырыз къытхуагуэшащ, сурэт зытетщIыкIынури къагъэуващ. Сеплъщ-сыкъеплъри, тхылъымпIэм и нэз дыдэм къытхуагъэлъэгъуар цIыкIу дыдэу исщIыхьащ. Си бгъумкIэ зы урыс щIалэ цIыкIу къыщытт, псынщIэ-псынщIэурэ дагъэ лэч гуэрхэр зыхищIэу, къэрэндащхэр зрихъуэкIрэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэ и Iэдакъэ къыщIигъэкI фIэкIа умыщIэну фэ зытригъауэу. ЩIалэр пIейтейт. Сэ сегупсысащ: «Мы тхьэмыщкIэжь мыгъуэри сурэтыщI хъуну хуейуэ аращ», - жысIэри. АрщхьэкIэ ди лэжьыгъэхэр къапщытэжри, сэ «3» схуагъэуващ, «тхьэмыщкIэжь» жыхуэсIам «5» къихьащ. Къэхъуар схузэгъэзахуэртэкъым…»
«Сыт хуэдэ лэжьыгъэми ещхьу, живописьми япэ лъэбакъуэ щыхэпчэкIэ гугъущ. Ауэ абы хуэIэзэ ухъуа нэужь, ар езыр къопсалъэ, уи гупсысэр ешэщI. ЕджапIэм сыкъащта щхьэкIэ, ди егъэджакIуэ Абыдэ Евгений япэ махуэхэм щыщIэдзауэ фIыуэ сыкъилъэгъуатэкъым. Уеблэмэ гу къыслъитэххэртэкъым. А Iуэхум нэхъри сыхигъэгупсысыхьри, къыхэсха IэщIагъэм мащIэу си гур къыбгъэдэкIуэтат. АрщхьэкIэ псоми зы махуэм зихъуэжащ. А зэманхэм, нэхъыжьхэм ящIэж къыщIэкIынщ, сурэтыщIхэр «этюдым докIуэ» жаIэрти, щIыуэпсым хэту лажьэхэрт. Апхуэдэ махуэ гуэрым, Абыдэм имыхабзэу, этюдым и гъусэу сызэрыкIуэр къызжиIащ. Махуэр дыгъэпст, пшэ хужь Iувхэр жызум Iэрамэу гъунэгъу дыдэу къытщхьэщытт. Си егъэджакIуэр а псом дихьэхагъэнт, удзыпцIэм хэгъуалъхьэри, Iурихащ. Сыт сщIэнт, сытIысри, си нэгум къыщIидза а теплъэгъуэр стхащ. Абыдэри къэушыжри дыкъежьэжащ. Автобус къэувыIэпIэм дытету, зи ныбжьыр илъэс 80-м щхьэдэхагъэн зы урыс цIыхубз къыдбгъэдэувыIэу, «Этюдым фыщыIауэ арагъэнщ, щIалэфIхэ. Сытхэр фщIа?», - щыжиIэм, Абыдэр къыскIэщIэуIуэри: «Зыгуэр пщIа? Егъэлъагъу» - жиIащ адыгэбзэкIэ. СщIар къыщыкъуэсхым, фызыжьым занщIэу сурэт зытесщIыкIа пшэ Iэрамэ Iувхэм гу лъитащ, «Сытуи къегъыхрэ мы пшэхэр!», - жиIэурэ игъэщIагъуэу ар IукIыжащ. Си егъэджакIуэм зыри жиIакъым. КъыкIэлъыкIуэ махуэм и деж сриджэри, сурэтым нэхъ гупсэхуу еплъащ, абы иужькIэ нэгъуэщI еплъыкIэ къысхуиIэ хъуащ икIи гъунэгъу дыдэ дызэхуэхъуащ. Дэ дыхэмыту апхуэдэурэ куэд яубзыху къэхъугъэхэм».
Црымыр и лэжьыгъэхэм зыщытепсэлъыхьыр зэуэ наIуэ хъукъым, языныкъуэми гурыIуэгъуэкъым, щэху яхэлъщ. СурэтыщIым дамыгъэхэмрэ тхыпхъэхэмрэ къегъэсэбэпри, ахэр къыбгурыIуэн щхьэкIэ философие гупсысэкIэ уиIэн хуейуи къыщIэкIынщ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, абы нарт пшыналъэхэм триухуауэ иIэ лэжьыгъэхэр. Адыгэ IуэрыIуатэм щыщ Iыхьэхэм - «Кхъуэхьыпщ и уэзджынэ», «Мэлычыпхъу», «Жьыгъэибг», «Сэтэней Iэдэр къызэригупсысар», «Уафэр щымыджэ-мыпцIэу щIылъэр щызэпцIагъащIэм», «Уафэр хъыкIэ щаухуэм», «ВакIуэ Нанэ», «Сосрыкъуэ къызэралъхуар», нэгъуэщI сурэтхэми - нэгъуэщIынэкIэ ухегъэплъэф Црымым.
«Эпосыр цIыхухэм я нэгу къызэрыщIыхьэр зэхуэдэкъым. Нэхъыбэ абы елэжьыху, упщIэ нэхъыщхьэхэм я жэуап къэдгъуэтынущ. 1980 гъэхэм лъандэрэ сэ си щхьэм нарт пшыналъэхэр итщ, теплъэгъуэ щхьэхуэхэр гупсысэкIэ сщIыуэ сыкъокIуэкI. АрщхьэкIэ тхылъымпIэм ар сыт хуэдэ лъэныкъуэкIэ нэсхьэсынми сымыщIэу сыкъэгъуэгурыкIуащ, зыгуэрхэри дунейм къытехьащ. ИтIанэ езы «нарт» псалъэм и купщIэм сыпхыплъыпа нэужь, абы тезухуа лэжьыгъэ гуп утыку къысфIихьащ», - щыжиIащ абы и гъэлъэгъуэныгъэхэм я зым.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: