«Тэрчыр» къиуащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и гуп нэхъыщхьэм ще­кIуэкI зэхьэзэхуэм и еп­щыкIуиянэ джэгугъуэм хыхьэ зэIущIэхэр тхьэмахуэ блэкIам зэхэтащ.

ШыщхьэуIум и 27-м Анзорей къуажэм «Урыхум» къыщ­ригъэблэгъащ пэщIэ­дзэ джэгугъуэм къыщыщIэ-дзауэ зэхьэзэхуэм бжьыпэр щызыубыдауэ зыри гъунэгъу зыхуэзымыгъэхъу «Ав­то­запчасть»-р. Пашэм зэры­хуэфащэу хэгъэрейхэм зы­ ­Iэмали яритакъым текIуэныгъэм гъунэгъу хуэхъуну. Жэуа­пыншэ топиплI къы­зы­худагъэкIа урыхудэсхэм мыгъэрей зэпеуэм еянэ хэщIы­ныгъэр щагъуэтауэ зэIущIэр иухащ. 
Зэхьэзэхуэр хъарзынэу езы­хьэкI Алътуд и «Искра»-м и ехъулIэныгъэхэм иджыри хигъэхъуащ. И унэ абы къыщ­ригъэблэгъащ епщы­кIу­занэ увыпIэм къыщызэ­теувыIа «Псыгуэнсур». Алътуддэсхэм  хьэщIэхэм я ­гъуэм топищ худагъэкIри зэпеуэм и медалхэм щIэбэнхэм я гупым зыщагъэбыдащ. 
Турнир таблицэм зэкIэлъ­хьэужьу къыщыкIуэ «Шэ­джэм-2»-мрэ «ЛогоВАЗ»-мрэ я зэпэщIэтыныгъэр Шэ­­джэм ЕтIуанэ щекIуэкIащ. ЗэIущIэр топ дахэ куэдкIэ гъэнщIауэ щытащ. Бабугент къикIа командэм и гъуэм хэгъэрейхэм топиплI худагъэкI­ри зы лъэбакъуэкIэ абыхэм ящхьэщыкIащ. ХьэщIэхэм жэуапу иратыжыфар топитI къудейщ. 
А джэгугъуэ махуэм щызэ­пэ­щIэтащ зэхьэзэхуэм и иужьрей увыпIэхэм къы­щы­зэтеувыIа командитI. «Кэнжэм» иригъэблэгъащ зы те­кIуэныгъэ фIэкIа зэхьэзэ-хуэм зэрыщIидзэрэ къэ­зы­мы­­хьыфа «Шэрджэсыр». Мыбыи хэгъэрейхэр нэхъ лъэщу къыщыщIэкIащ. Зыр адрейм къыкIэлъыкIуэу зэ­IущIэм топиплIкIэ къыщыхэжаныкIащ кэнжэдэсхэр икIи я очко мащIэхэм иджыри ­щы халъхьэну Iэмал ягъуэтащ. Шэджэмдэсхэм зэпэ­щIэ­ты­ныгъэм зы топ закъуэ щыдагъэкIащ. 
Мыгъэрей зэхьэзэхуэм и медаль нэхъыщхьэхэм щIэ­бэн «Спартак-Д»-р къы­зэт­ригъэувыIащ «Малка»-м. Къэ­хъун къуажэм и стадионым щекIуэкIа зэIущIэм малкэдэсхэм жэуапыншэ топищ худагъэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол командэ нэхъыщхьэм и ­щIалэгъуалэ гупым. Иджы налшыкдэсхэр очкоитхукIэ къы­кIэрыхуащ зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр щызыIыгъ «Искра»-м. 
Дыщэ медалыр IэщIэкIми дыжьыныр зэрызыIэригъэ­хьэным и къару псори хухэ­зыха «Тэрчым» иужьрей зэ­IущIэр и IутIыжыгъуэт. Тэрч­дэсхэм я зэфIэкI псори ­къыщагъэлъэгъуэну Iэмал къа­щыхукъуэкIащ турнир таблицэм и иужьрей увы-пIэм щыт «Къэбэрдейм» и деж. Джэгугъуэм и топ нэхъыбэ дыдэ (14!) щыдагъэкIа зэпэщIэтыныгъэм джылахъ­стэнейхэм 10 къащылъысащ. Къыхэдгъэщынщи, зэ­Iу­­щIэм жыджэрагъышхуэ къы­щагъэлъэгъуащ нал­шык­дэсхэми, абыхэми плIэнейрэ и жагъуэ ящIащ «Тэрчым» и гъуащхьэтетым. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым фут­болымкIэ и чемпионатым и гуп нэхъыщхьэм и еп­щыкIуиянэ джэгугъуэм зэ­хэта зэIущIэхэм мыпхуэдэ бжыгъэхэр кърикIуащ: «Урыху» (Урыху) - «Автозапчасть» (Бахъсэн) - 0:4, «Искра» (Алътуд) - «Псыгуэнсу» (Псыгуэнсу) - 3:1, «Шэ­джэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) - «ЛогоВАЗ» (Бабугент) - 4:2, «Кэнжэ» (Кэнжэ) - «Шэрджэс» (Шэджэм) - 4:1, «Малка» (Малка) - «Спартак-Д» (Налшык) - 3:0, «Къэбэрдей» (Налшык) - «Тэрч» (Тэрч) - 4:10.
 КъыкIэлъыкIуэ щэбэтым-рэ тхьэмахуэмрэ зи чэзу зэ­IущIэхэр зэхэтынущ. А махуэхэм зэдэджэгунущ: фокIа­дэм и 3-м - «Автозапчасть» - «Кэнжэ», «Малка» - «Тэрч», «Къэбэрдей» - «Ислъэмей»; фокIадэм и 4-м - «Урыху» - «Искра», «Псыгуэнсу» - «Спартак-Д», «Родник» - «Шэджэм-2», «ЛогоВАЗ» - «Шэрджэс» командэхэр. 

 

Жыласэ Замир.
Поделиться:

Читать также: