Дунейпсо чемпион ЩхьэщэмыщI РэмэзанУзбекистаным и Намаган къалэм щекIуэкIащ бгырыпх бэнэкIэмкIэ дунейпсо чемпионат. Абы хэтащ къэрал 32-м къикIа спортсмен 350-рэ. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам дэщIыгъуу зэпеуэм зыкъыщигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменми. Зи хьэлъагъыр килограмми 100-м щIигъухэм я гупым щригъэкIуэкIа зэпэщIэтыныгъищми щытекIуа ЩхьэщэмыщI Рэмэзан дунейпсо зэхьэзэхуэм и абсолютнэ чемпион хъуащ. Лэскэн муниципальнэ районым и ДЮСШОР-м и гъэсэныр зэхьэзэхуэм хуигъэхьэзыращ и адэ икIи и тренер, лъэпкъ бэнэкIэмкIэ РСФСР-м и чемпион ЩхьэщэмыщI Ахьмэдхъан.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|