ЛIыгъэ зыхэлъ псори текIуэркъымФокIадэм и 17-м Татарстаным щекIуэкIащ километри 160-рэ кIыхьагъымкIэ шыгъажэ кIыхь зэхьэзэхуэ, «Урысейм и кубок» и фIэщыгъэу. ТекIуэныгъэр къихьащ Ашэмэз зи цIэ Сибэч Артур и «инджылыз-адыгэм». Шым тесар Мэрем Эльдарщ. Шыгъажэ кIыхьхэр зыфIэфIхэм фIыуэ яцIыху Пащэ (ари зейр Сибэчырщ) мызыгъуэгу и кIэн къикIакъым. Псом япэ иту кIуэрэ пэт, адыгэшым и лъакъуэхэм я зым хуэш къыхыхьэри, километри 140-рэ фIэкIа къимыкIуауэ, зэпеуэм хэкIын хуей хъуащ. Ар къызэрыщыщIам хуэдэу, Пащэм иIыгъащ псынщIагъыу зы сыхьэтым хуэзэу километр 19, 4-рэ. Километри 140-м ар рекорду къыщыплъытэн хуэдизу лъагэщ. Аркъудейм къегъэлъагъуэ адыгэшыр зи фIагъ псори иджыри наIуэ къэмыхъуа псэущхьэ махуэу зэрыщытыр. Ашэмэз шым мыр и еплIанэ текIуэныгъэщ. Зэхьэзэхуэм къыдэкIуэу, Мэрем Эльдар «мастер спорта» зэрыхъуамкIэ дохъуэхъу. ХъыбарымкIэ къыддогуашэ Адыгэшыр хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ фондым и напэкIуэцIыр.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|