Урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтынухэрГрознэ къалэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм дзюдомкIэ и зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ КИФЩI-м и щIыналъэ псоми щыщ, зи ныбжьыр илъэс 21-м щIимыгъуа спортсмен 300-м нэблагъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам Шэшэным зэфIэкI лъагэхэр къыщигъэлъэгъуащ. Апхуэдэу ди спортсменхэм зэхьэзэхуэм медаль зэмылIэужьыгъуэу 6 къыщахьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ щыбэна гупхэм пашэныгъэхэр щаубыдащ Къанокъуэ Арианнэ (кг 48-рэ), Байсиев Таулан (кг 81-рэ), Гаев Омар (кг 100) сымэ. Дыжьын медалыр зыIэригъэхьащ килограмми 100-м щIигъу зи хьэлъагъ Балъкъыз Залым. Мысыр Каринэрэ (кг 48-рэ) Быф Идаррэ (кг 100) зэхьэзэхуэм домбеякъ медалхэр къыщахьащ.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|