«Дзюдор - школхэм»

Ислъэмей дэт курыт еджапIэр къэзыуха, Астрахань областым дзюдомкIэ зэгухьэныгъэм и вице-президент Тагиров Ибрэхьим и жэрдэмыр даIыгъыу «Локомотив» зэгухьэныгъэм спонсор мылъку къагъэсэбэпурэ дзюдомкIэ секцэ къыщызэIуахын спорт пэшыр къызэрагъэпэщыжащ. АбыкIэ хъыбар къыдигъэщIащ Бахъсэн щIыналъэм и пресс-IэнатIэм и унафэщI Чылар Аринэ.
«ДзюдомкIэ зыгъэсэныгъэхэр щрагъэкIуэкIын пэшыр Ислъэмей къызэрыщызэрагъэпэщыжар щIыналъэм и спорт зэгухьэныгъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ. НыбжьыщIэхэм сохъуэхъу спорт лъагапIэщIэхэр зыIэрагъэхьэну ди гуапэщ», - захуигъэзащ пэшыр къыщызэIуахым кърихьэлIахэм Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур.
Дзюдоист цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм и чемпион, европэ зэхьэзэхуэхэм щытекIуа, къыщыхэжаныкIа, дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер Джэданэ Залым зэрыжиIэмкIэ, «Дзюдор - школхэм» программэр зыхуэунэтIар еджакIуэхэр а бэнэкIэ лIэужьыгъуэм дегъэхьэхынырщ, къыдэкIуэтей щIэблэщIэм физическэ, хьэл-щэн дахэ гъэсэныгъэ ябгъэдэлъхьэнырщ, ар зиIэ тренерхэм я улахуэ етынымрэ спортсмен нэхъыфIхэр гъэпэжынымрэ хэту.

Къэхъун Бэч.
Поделиться:

Читать также: