ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм яхуэгъэзауэАгропромышленнэ комплексым и щIэгъэкъуэну щыт «Урысейм и Мэкъумэш банкыр» фермерхэм я закъуэкъым зыдэлажьэр, атIэ студентхэми а лъэныкъуэм хуэунэтIа урысей еджапIэ нэхъыщхьэхэми лэжьыгъэхэр драгъэкIуэкI. КъищынэмыщIауэ, къэщIэзыгъэкIхэмрэ АПК-м и бжыгъэр зи лъабжьэ хэкIыпIэхэр къэзылъыхъуэхэмрэ я зэпыщIэныгъэр утыку яхуохъу. А Iэзагъым и фIыгъэкIэ унэтIыныгъэм зыужьыныгъэшхуэ егъуэт. Абы теухуауэ «Бжьыхьэ дыщафэ» агропромышленнэ гъэлъэгъуэныгъэм къыщыпсэлъащ «Урысейм и Мэкъумэш банкым» и Финанс технологиехэм зегъэужьынымкIэ центрым и директор Батуровэ Еленэ.
«Жылэ лIэужьыгъуэщIэхэр, къэкIыгъэхэр зэрахъумэн хущхъуэхэр, щIыгъэпшэрхэр щащIкIэ АПК-м нобэ къыщагъэсэбэп Iэмалхэмрэ Iэмэпсымэхэрэ илъэситI-щы ипэкIэ зыри щыгъуазэтэкъым икIи абы ипэкIэ мэкъумэш хозяйствэм къыщагъэсэбэпакъым. Аграрнэ щIэныгъэр илъэс къэс йофIакIуэ, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм я щIэныгъэмрэ технологиемрэ къыщагъэсэбэп. «Мэкъумэш банкым» жыджэру деIыгъ щIэныгъэщIэр: стипендие программэр догъэзащIэ, еджапIэ нэхъыщхьэхэм дадоIэпыкъу, студент гупхэм егъэджэныгъэхэр дадогъэкIуэкI. АрщхьэкIэ, мыхьэнэшхуэ зиIэр а щIэныгъэхэр гъащIэм къыщыгъэсэбэпынырщ. Бизнесым пыщIэныгъэ хуиIэн хуейщ Iэмал имыIэу, щIэныгъэлI щIалэщIэхэм адэлэжьэну хьэрычэтыщIэ инхэр къегъэблэгъэн хуейщ, армыхъумэ щIэныгъэхэр къэгъэсэбэпа хъунукъым. Урысейм лэжьыгъэшхуэ щагъэзащIэ я зэпыщIэныгъэр зэтраублэн папщIэ. ЕджапIэ нэхъыщхьэхэм я щIэныгъэлIхэмрэ предриятэхэмрэ зэрызэпащIэн Iэмалхэр ирагъэфIакIуэ, проектхэм я зыужьыныгъэм мылъку хухах, абы къыхэкIыуи щIэныгъэлIхэр бизнесышхуэм хэмыхьэу еджапIэ нэхъыщхьэм къыщонэ, ар гулъытэ хэха зыхуэщIыпхъэхэм ящыщщ. Дыхуейщ, компаниехэр щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм щхьэкIэ зэхьэзэхуэну, я щIэныгъэ проектхэр даIыгъыну. Дэ – дытехнологическэ къэралышхуэщ икIи ди къарухэр зэхэтлъхьэмэ, ехъулIэныгъэ диIэнущ», - къыхигъэщащ Батуровэ Еленэ.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|