НОБЭМыщэхуэным и дунейпсо махуэщ 1861 гъэм Урысейм и император Александр ЕтIуанэм и унафэкIэ Министрхэм я Совет къызэрагъэпэщащ. 1927 гъэм Москва къыщызэIуахащ Опереттэм и къэрал театрыр. 1956 гъэм КПСС-м и ЦК-м унафэ къищтащ балъкъэр, къэрэшей, къалмыкъ, ингуш, шэшэн лъэпкъхэм я автономиер зэфIэгъэувэжыным теухуауэ. 1729 гъэм къалъхуащ урыс дзэзешэ цIэрыIуэ, генералиссимус Суворов Александр. Адыгэхэм, Кавказым я тхыдэр зыдж, АР-мрэ КъБР-мрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Половинкинэ Тамарэ къыщалъхуа махуэщ. Теленэтынхэр езыгъэкIуэкI, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Урысей телевиденэм и академие» фондым и академик, КВН джэгукIэр къызэзыгъэпэщахэм ящыщ Масляков Александр къыщалъхуа махуэщ. 1966 гъэм къалъхуащ къэбэрдей радиожурналист Гъубжокъуэ Рометэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ, махуэм хуабэр градуси 8 - I3, жэщым градуси 5 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Гунэс ямыщI саугъэт умыщI.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:21 →
НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 →
НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 →
НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 →
ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 →
НОБЭ
|