НОБЭ

ЦIыхубзхэм залымыгъэ якIэлъызехьэным пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 1999 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м къищта унафэмкIэ ягъэуващ ар.
Урысейм и мамырщIэкъу дзэхэм я махуэщ
1339 гъэм Москва Кремлым жыгейм къыхэщIыкIа и блынхэр зэтелъхьэн щIадзащ.
1735 гъэм ягъэжащ Пащтыхь-тхьэгъушыр.
1935 гъэм СССР-м щагъэуващ «ЩIыхьым и Дамыгъэ» орденыр.
1927 гъэм къалъхуащ литературовед, критик, УФ-мрэ КъБР-мрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Шэвлокъуэ Пётр.
1933 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, публицист, АР-м щIыхь зиIэ и журналист ЛIыхъусэжь Хьэжрэтбий.
Филологие щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик ХъуакIуэ ФатIимэт къыщалъхуа махуэщ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 8 - 10, жэщым - градуси 6 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Тыншу упсэун ухуеймэ, умыдыгъуэ, умыфыгъуэ, умынэпсей.

 

Зыгъэхьэзырар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
Поделиться:

Читать также:

02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ