Спортыр наркотикым пэщIэтщ«Урысейм и сабийхэр-2022» профилактикэ Iуэхум хыхьэу «Спортыр наркотикым пэщIэтщ!» къыхуеджэныгъэм щIэту «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ самбэмкIэ республикэ зэпеуэ, 2007 - 2009 гъэхэм къалъхуахэр хэту. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъакIуэм кIэлъыплъынымкIэ и управленэм.
Зэхьэзэхуэр къыщызэIуахым утыкум къихьэнухэм захуигъэзащ Управленэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху хэхахэмкIэ и оперуполномоченнэ нэхъыжь, полицэм и подполковник Давыдовэ Иринэ.
- Наркотикхэм защыфхъумэ, фи яку къыдэхъуэ зэдауэхэмрэ зэныкъуэкъухэмрэ татамим щызэхэвгъэкI, пэжу икIи зэIухауэ фызэпеуэурэ, - къыхигъэщащ абы.
БэнакIуэ ныбжьыщIэхэр ягъэгушхуащ зэпеуэм кIэлъыплъыну къекIуэлIахэмрэ адэ-анэхэмрэ.
Iуэхум хиубыдэу абы хэтахэм драгъэкIуэкIащ балигъ мыхъуахэр наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ игъэкIыным хэшэныр къэмыгъэхъуным ехьэлIа псалъэмакъ.
Зэпеуэм щытекIуахэм щIыхь тхылъхэмрэ медалхэмрэ иратащ.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|