НОБЭ

Компьютерхэмрэ абыхэм илъ хъыбархэмрэ хъумэным и дунейпсо махуэщ
Унагъуэ псэущхьэхэм я дунейпсо махуэщ
1571 гъэм
Къэбэрдей пщы уэлий Идар Темрыкъуэ (Марие и адэр) дунейм ехыжащ.
1922 гъэм РСФСР-м хыхьэу къызэрагъэпэщащ Шэшэн автономнэ областыр.
1968 гъэм Гагарин Юрий и Дыщэ медаль ягъэуващ.
1993 гъэм УФ-м и Президент Ельцин Борис и унафэкIэ Урысейм и гербу къащтэжащ щхьитI зыфIэт бгъэм и теплъэр зытетыр.
Адыгей обкомым и япэ секретару лэжьа, СССР-м и консул нэхъыщхьэу Болгарием илъэсиблкIэ щыIа Бэрзэдж Нухь къыщалъхуа махуэщ
УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр Жылокъуэ Зинаидэ къыщалъхуа махуэщ.
КъШР-м щыщ къулыкъущIэ, япэ класс зиIэ къэрал чэнджэщэгъу, академик, РСФСР-м и цIыхубэ депутату щыта Темыр Умар къыщалъхуа махуэщ.
Медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Балъкъыз Вячеслав къыщалъхуа махуэщ.

 

Дунейм и щытыкIэнур:
 

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэшх къыщешхынущ. Махуэми жэщми хуабэр зы градус щыхъунущ.
 

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Псалъэ мышур шхын мышум хуэдэщ.

 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также:

02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ