Ислъам къегъэщIэрэщIэж

Илъэсхэр макIуэ, зэманым зехъуэж, арщхьэкIэ адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыддэгъуэгурыкIуэ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм я мыхьэнэм хэхъуэ фIэкIа хэщIыркъым. Апхуэдэхэм хохьэ шхыныгъуэхэри.

Адыгэхэр зэи ерыщу щытакъым фадэкIэ. ЯфIэемыкIут жиIэмрэ ищIэмрэ къыгурымыIуэжу цIыхур щытыкIэ иувэныр. Аращ махъсымэ нэхърэ нэхъ гуащIэ кърахьэжьэу щыщымытар хьэщIэ лъапIэ къахуэкIуами, гуфIэгъуэшхуэ къахукъуэкIами. Гуапэщ а шхыныгъуэ берычэтыр гъэхьэзырыным зи ныбжь хэкIуэтахэм къищынэмыщIауэ нэхъ щIалэIуэхэри иджы зэрыдихьэхыр.

- Илъэс зыбжанэ ипэкIэ Хьэтуей (нэхъапэм Старэ Урыху) къуажэм дэт унэжьыр щыткъутэжым тIорысэ дыдэ хъуауэ зы кхъуэщын къытIэрыхьащ. Абы и кIуэцIым диплъэри, тхылъымпIэ зэкIуэцIышыхьа илът. Дыкъеджэмэ, си адэм и анэм и анэ Истэпан Суриан и махъсымэ щIыкIэр иту арат, - къыджеIэ Iэщнокъуэ Ислъам. – Адыгэ Iуэхум зыкъом щIауэ сызэрыдихьэхым, ди шхыныгъуэхэр зэрысфIэфIым къыхэкIыу  сэ хуабжьу сфIэхьэлэмэт хъуащ ар. Си анэ Раисэ зыдэзгъэIэпыкъуурэ тщIащ. Зэи, тIэуи, щэи дызэрыхуейм хуэдэу къыдэхъулIакъым. Сытми, зыкъомрэ делIэлIа иужькIэ, нанэшхуэм и махъсымэр зэфIэдгъэувэжащ, си анэм абы и Iэфагъыр зэрищIэжым къыхэкIыу.

ИфIэхьэлэмэту Ислъам кърихьэжьэжа Iуэхум мыгувэу куэд щыгъуазэ хъуащ. Абы и махъсымэм ефэну благъэри, гъунэгъури, ныбжьэгъури щIэх-щIэхыурэ къахуэкIуэрт. Нарткъалэ Къандэхъум и цIэр зезыхьэ и уэрамым тет унэ №97-м къэIэпхъуа иужькIэ абыхэм я бжыгъэм хэпщIыкIыу хэхъуащ. КъищынэмыщIауэ, куэд къыхуотхэ Интернетым щиIэ islam_oshnokov напэкIуэцIым.

Iуэхум зыщиубгъум Iэщнокъуэм кумыбгъэ щхьэхуэхэр Налшык щригъэщIащ икIи абы ину тритхащ адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыддэгъуэгурыкIуэ шхыныгъуэм и цIэр, зыгъэхьэзырар, къызэрыбгъуэтыну щIыкIэр. Ар нэхъыбэм яIухуэмэ, нэхъ къещтэ икIи и анэшхуэм и анэм и фэеплъу зрегъэубгъу. Уефэ пэтми чэф узымыгъэхъу адыгэ махъсымэжьыр Iэщнокъуэ Ислъам хуэдэхэм къызэрагъэщIэрэщIэжыр гуапэщ.                                                                                        

 

 Хьэтау Ислъам.
Поделиться:

Читать также: