Адэм пхиша лъагъуэм къыпещэ

Адэм пхиша лъагъуэм быныр щрикIуэм, абы къыщыпищэм и деж гъащIэм зеужь. Спортми щIымащIэкъым апхуэдэхэр. Къапщтэмэ, адыгэхэм ящыщу футболымкIэ япэу къэралым и чемпион Iэпщэ Александр и къуэ Ладин ехъулIэныгъэ иIэу ди республикэм и командэ нэхъыщхьэм илъэс зыбжанэкIэ щыджэгуащ. Налшык и «Спартак»-м хэту топ нэхъыбэ дыдэ я хьэрхуэрэгъухэм яхудэзыгъэкIа Гъубж Вячеслав и къуэ Марат абы и щIалэгъуалэ гупым, Раменскэм и «Сатурн»-м, Самарэ и «Крылья Советов»-м хъарзынэу зыкъыщигъэлъэгъуащ, уеблэмэ, Урысей Федерацэм и ныбжьыщIэ командэ къыхэхам ираджэу щытащ. Щапхъэхэр гъунэжщ. Абыхэм къапызыщэщ иджыблагъэ къытIэрыхьа хъыбар гуапэми.

Налшык и «Спартак»-м, Нарткъалэ и «Нартым», Бахъсэн и «Автозапчасть»-м щыджэгуа, Новгрод Ищхъэрэ и «Локомотив»-м и щIыхьыр ихъумэу премьер-лигэм хэта, Алма-Ата и «Кайрат»-м дэщIыгъуу Къэзахъстаным и чемпион хъуа, а къэралым и гъуащхьауэ нэхъ Iэзэу илъэситIкIэ щыта, Астана и «Женис»-м дэщIыгъуу 2007 гъэм Европэм и Чемпионхэм я лигэм адыгэ щIалэхэм ящыщу япэу къыщыхэжаныкIа ЛIыхъугу Арсен ди республикэм фIы дыдэу къыщацIыху. Иджы утыку къихьащ илъэс пщыкIутху зи ныбжь абы и къуэ Марат. «Спартак-Налшыкым» и гъэсэн щIалэр  Мэзкуу и ЦСКА-м и ныбжьыщIэ гупым ирагъэблэ-гъащ икIи абы хэту и хьэрхуэрэгъухэм иджыблагъэ топ яхудигъэкIащ.

Куэд щIакъым ЦСКА-р ди лъэпкъэгъухэу Натхъуэхэ Бибрасрэ Амиррэ, Градюшенкэ Астемыр сымэ ягъэбжьыфIэу зэрыщытрэ. А командэ цIэрыIуэм и ехъулIэныгъэ инхэм абыхэм хэлъхьэныгъэфI хуащIащ. Иджы чэзур къылъысащ Лыхъугу Марат. Шэч къытетхьэркъым а щIалэщIэм и адэ цIэрыIуэм и Iуэху дахэхэр адэкIи зэригъэкIуэтэфынум икIи футболым дихьэххэр и джэгукIэфIымкIэ къызэрыдихьэхыфынум.

Жыласэ Заурбэч.

Поделиться:

Читать также: