Хьэсэней щIы щхьэфэ зэтекIар щызэрагъэпэщыжХьэсэней Ипщэм псы къыщIэлъадэу и пIэ икIа щIы щхьэфэр икIэщIыпIэкIэ зэрагъэпэщыжыну унафэ ищIащ КIуэкIуэ Казбек. Республикэм и Iэтащхьэр КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэнрэ Налшык къалэ и щIыпIэ администрацэм и унафэщI Ахъуэхъу Таймуразрэ яхуэзащ. ЗэIущIэр теухуат Хьэсэней жылэм Аттоевым и цIэр зезыхьэ и уэрамыр зыхиубыдэ Iыхьэм. IэщIагъэлIхэм щIыпIэр зрагъэлъагъури, ар зэгъэпэщыжыным текIуэдэну мылъкур зыхуэдизри къагъэнэIуащ. ЩIым зыхуэныкъуэ псори ирахьэлIэу зэIузэпэщ ящIыжыну я мурадщ, псыр зэрыIуашын Iэмалхэми йогупсыс.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 10:00 →
Улахуэр аргуэру къаIэтынущ
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 13:44 →
ЩытыкIэр я нэIэ щIэтщ
|