Псалъэ гуапэ куэд хужаIэ

Зи лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъурщ зыпэрыт IэнатIэм сэбэп щыхъуфынур. Ар цIыхум нэхъ лъапIэ дыдэу иIэ узыншагъэм епхамэ, жэуаплыныгъэр куэдкIэ нэхъыбэщи, IэщIагъэр фIыуэ егупсысауэ къыхэхын хуейщ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэщ иIэр Республикэ клиникэ сымаджэщым щхьэ куцIым щызекIуэ лъым и лэжьэкIэр къызэпыудамэ щеIэзэ и къудамэм и дохутыр невролог Уэрсей Иннэ.

Къыхиха IэщIагъэм къалэнышхуэ къызэрыхуигъэувым, абы гугъуехьхэр зэрыпыщIам щыгъуазэми, Уэрсейм и мурадыр зригъэхъулIащ. ЯпэщIыкIэ абы къиухащ медицинэ колледжыр, иужькIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ КъБКъУ-м и медицинэ къудамэм. 2014 гъэм ар пэрыуващ зыщIэхъуэпса лэжьыгъэм.

Япэ махуэхэм щыщIэдзауэ Иннэ зыкъигъэлъэгъуащ Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIу, гущIэгъу зыхэлъ цIыху гуапэу. «Уэрсейр икъукIэ цIыху тыншщ. Абы хуэдэ хьэл-щэн дахэ зыхэлъхэр нобэрей ди гъащIэм щымащIэщ. Ар ящыщщ дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэ цIыхур зымыгъэщIэхъуфынухэм. IуэхукIи чэнджэщкIи абы хузэфIэкIынур дэ мызэ-мытIэу ди нэгу щIэкIащ», - жаIэ и лэжьэгъухэм.

Иннэ зэрылажьэ илъэситхум къриубыдэу гукъыдэж яIэу абы гъащIэм хигъэплъэжахэр мащIэкъым. ЗэIэзахэми нобэ и нэIэ щIэт сымаджэхэми бзылъхугъэм псалъэ гуапэ куэд хужаIэ. Абыхэм псоми къыхагъэщ ар хуэфащэ дыдэу дохутыр IэщIагъэм зэрыпэрытыр. Сэри сащыщщ ар зэIэзахэм, щытыкIэ хьэлъэм сыкъыщихутам Iэзагъышхуэ зыхэлъ апхуэдэ IэщIагъэлIым сызэрырихьэлIамкIэ Тхьэм фIыщIэ хузощI.

Сымаджэм и щытыкIэм зыкъызэригъэзэнур куэдкIэ елъытащ дохутырым абы ирит гугъэм. Уеблэмэ языныкъуэ цIыхухэм жаIэ халат хужь зыщыгъхэр ялъэгъуамэ, я узыр фIыуэ нэхъ кIащхъэ хъууэ. Уэрсейр ящыщщ «и псалъэри хущхъуэти» зыхужаIэхэм. Зи щхьэр къезыхьэлIа сымаджэм и гукъеуэм едэIуа нэужь, абы гупсэхуу гурегъаIуэ адэкIэ и Iуэхур зэрыхъунур, иужькIэ зэреIэзэну иубзыхуа щIыкIэми щегъэгъуазэ. Аращ абы сымаджэхэм я дзыхь къыщIрагъэзыр.

- Узым зи нэгум гуфIэ ириха цIыхур уи дэIэпыкъуныгъэкIэ гъащIэм и гур хузэIухауэ зэрыхэплъэжыр плъагъуныр сыт и уасэ! - жеIэ Уэрсей Иннэ, и IэщIагъэм и гугъу щищIкIэ. - Абы щыгъуэм дохутырыр и къалэн нэхъыщхьэм пэлъэщауэ аращи, гушхуэныгъэ хэлъу и IэщIагъэм нэхъыбэ зэрызыщригъэхъулIэным хущIэкъуу и Iуэхум пэрохьэж. Сыт нэхъ хьэлъэр жыпIэмэ, сымаджэм сэбэп узэрыхуэмыхъуфынур къыщыбгурыIуэкIэ укъызэрыхутэ щытыкIэрщ. Апхуэдэм деж пхузэфIэмыкIымкIэ абыхэм я пащхьэм ущыкъуаншэу зыкъыпщохъуж. Пэжкъым, дохутырхэр гу быдэ мэхъу жыхуаIэр. Ахэр я IэщIагъэм гугъуехьым, гуауэм пэщIэтыфу иригъасэу аращ.

ЦIыху гъащIэмкIэ жэуаплыныгъэ ихьу зэрыщытыр нэсу къызыгурыIуа Иннэ и щIэныгъэм, Iэзагъэм зэрыхигъэхъуэным хущIокъу. Абы сытым дежи медицинэ литерартурэр и Iэпэгъущ, и унэтIыныгъэмкIэ республикэми къэралми щекIуэкI конференцхэм жыджэру хэтщ.

КЪАРДЭН Мухьэмэд.
Поделиться: