Iэмал щэхухэр

Псэущхьэхэм я нэхъ дахэу къалъытэ хьэндырабгъуэхэм гулъытэ щыхуащI мы илъэсым абыхэм ятеухуа къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэнхэм иджыри зы ящIыдгъужынщ.

Шылэ хьэпIацIэхэмрэ бжьэхэмрэ илъэс мини 5 ипэкIэ цIыхум къигъэIурыщIащ. Япэр къызытехъукIыжар КъуэкIыпIэ Китайр, Кореер, Япониер зи псэупIэ хьэндырабгъуэ Iэлхэрт. Шылэр IукIэ зыгъэз хьэпщхупщыр иджыпсту хуэдэу хужьу сыт щыгъуи щытакъым - гъуабжэт, нэхъ жьгъейт, шылэ куэди ящIыртэкъым. ЦIыхум ахэр игъэхъу зэрыхъурэ куэдым зихъуэжащ. Ахэр нэхъ пIащэ зэрыхъуам и фIыгъэкIэ, шылэ нэхъыбэ ящI, я фэри ущызэкIэщIэплъу хужьыбзэщ, уеблэмэ зэгуэр хьэуам щыхуарзэу хэтахэм, IэкIэ ягъашхэ зэрыхъурэ, къалъэтыхьыжыркъым.

Ди нэхъыжьхэм фIыуэ ящIэж къуажэдэс унагъуэхэм ахэр колхозым ятригуашэу щыщытар, мазэ бжыгъэкIэ ягъашхэрэ, къыпэкIуа уасэр къратыжу. Къэралым и зыужьыныгъэм цIыхубэр лъэныкъуэ куэдкIэ телэжьэн хуейт. Абы къыхэкIыу хэти губгъуэм пщIэуэ хэтт, хэти пхъэщхьэмыщхьэ къыпичырт. Шылэ хьэпIацIэр ягъэшхэн хуейуэ нэхъ зылъысар Лэскэн щIыналъэм хиубыдэ жылэхэрт. Апхуэдэ Iуэху зэтеублэкIэм хуэкIуэу а щIыпIэхэм тутей гуэрэнхэри щыхасат. А жыгхэм ящыщу нобэм къэсахэми уарохьэлIэ.

Хьэндырабгъуэ псоми, а дызэригугъэу, дунейгъэдахэу я гъащIэ мащIэр яхьыркъым. Абыхэм яхэтщ цIыхумкIэ шынагъуэхэр, хьэгъэщагъэ зезыхьэхэр, дэкум хуэдэу укъэзыгъапцIэхэр.

Зи кур щыуэ хуежьа жыгыжьхэм, я пхъафэр мащIэу къэбгъэтIэсхъэн фIэкIа хуэмейуэ, хьэпIацIэшхуэжь дыдэхэр къихуу флъэгъуагъэнщ, Абыхэм пхъафэм и мызакъуэу, жыг лъэдийр гъуанэпщIанэу зэхашхыхь, нэхъ зыхуэлъэхэри мыIэрысейхэмрэ кхъужьейхэмрэщ. Апхуэдэ зы жыгыр абыхэм илъэси 3 - 4-кIэ яшх. Я пIалъэр къэса нэужь щIым къох, куууэ хотIысхьэри, зэрахабзэу, щоумэзэх. Гъатхэр къызэрысу щIым къыхолъэт псори дызэса хьэндырабгъуэ хужь, гъуэжь, щIыху цIыкIухэр.

ГъэщIэгъуэныращи, хьэпIацIэ цIынэм пхъэр щишхым деж, жыгым щIэт псым щыщ ткIуэпсэр къызэпхев, ахэр хуэмурэ мэфIэIури, тхъурымбэ мэхъуж, жыгыжьхэм гъунэгъу уащыхуэхъум деж серчэм и мэр къыпщIихьэу. Мис а тхъурымбэр бзухэми хъумпIэцIэджхэми яфIэфIу ираф, апщIондэху модрейхэр чэф зэтохъуэ, а хьэпщхупщ ящыпхэми хуэмеижу. ХьэпIацIэри зыхуеиххэр аращ.

Америкэм и щIыналъэ курытхэм ущрохьэлIэ жэщым къэзылъэтыхь хьэндырабгъуэ къуэлэнышхуэхэм. Абы и шырхэм хуэдэу бийм ебзэджэкIыф къэгъуэтыгъуейщ. Шынагъэр къызэрыIэгъуэу, хьэпIацIэм и щхьэр телъыджэ гуэру къегъэпщри, блэм и сурэтым йохьэ, уеплъкIэ, къызэрыхэпцIыхукIыф щымыIэу. Ауэ щыхъукIэ, нитIыр зэрыс щхьэр къызыхэщыр хьэпIацIэм и гущIыIумкIэкъым, атIэ и ныбафэ къыдригъэзейрщ. Абы щыгъуэми, шэч къытумыхьэн хуэдэу, и лъакъуэхэмкIэ иIыгъ къудамэр еутIыпщ, блэм хуэдэу и пкъыр хишын щхьэкIэ.

Гъэмахуэ псом ди ныджэхэм къыщызылъэтыхь хьэндырабгъуэ щIыху цIыкIухэми езыхэм я Iэмал щэхухэр яIэжщ. Абыхэм я джэдыкIэхэр щагъэтIылъыр хъумпIэцIэджхэм дращIей къандзэгухэм япэгъунэгъуу къыщыкI удз гъэгъахэрщ. Абыхэм кърашахэм, гъэгъам и купсэр яшхын зэраухыу, щIым зыкърагъэхуэх, хъумпIэцIэджхэм ар къапхъуатэри, я гъуэм яхь. Абдежым щыщIэдзауэ ар абыхэм япI, яхъумэ. Языныкъуэ хьэндырабгъуэхэм, а къыхуащIэм щыфIыкIыжу, езы хъумпIэцIэджхэм я джэдыкIэхэри щашх къохъу.

Зэрыфлъагъущи, псэущхьэхэм я нэхъ цIыкIу дыдэхэми - хьэпщхупщхэми гъудэбадзэхэми - зэрызахъумэжын Iэмал щэхухэр яIэщ.

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: