ЗэгурыӀуэр фащэщ икIи щапхъэщ

КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт иджыблагъэ Бахъсэн щIыналъэм щыIащ.

Бахъсэненкэ (Къэсейхьэблэ) дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэкIа зэIущIэм кърихьэлIащ Бахъсэн щIыналъэм щIалэгъуалэ политикэр къыщызэгъэпэщынымкIэ и къулыкъущIапIэм и лэжьакIуэхэр, щIыналъэ икIи къуажэ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, курыт еджапIэхэм щIэс ныбжьыщIэхэр, гъэсакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ.

Зэхуэсым къыщызэхуэсахэм фIэхъус яриха нэужь, министрыр тепсэлъыхьащ зи унафэ ищI къулыкъущIапIэр къыщIызэрагъэпэща щхьэусыгъуэхэм, абы зыхуигъэувыж къалэнхэм, иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм. «КъыщIэупщIэ щыIэщ щIалэгъуалэм я министерствэ щхьэхуэ щхьэ щыIэпхъэ, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ хуэгъэпсауэ лажьэ къулыкъущIапIэ щхьэхуэ щыщыIэкIэ, жаIэу. Зы лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, апхуэдэу къыщIэупщIэхэр пхуэгъэкъуэншэнукъым, сыту жыпIэмэ щIалэгъуалэ политикэр курыт еджапIэхэмрэ университетхэмрэ уаблэкIыу къыпхузэмыгъэпэщыфынкIи мэхъу. Егъэджэныгъэ IэнатIэр нэхъыщхьэу зыхуэгъэзар ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ егъэгъуэтынырщ, еджэныгъэмкIэ щыIэ есэныгъэхэр ябгъэдэлъхьэнырщ, адэкIэ къыхахыну IэщIагъэм хэзыгъэгъуазэ гурыIуэныгъэхэр етынырщ. Апхуэдэу щыт пэтми, дэ щIэх-щIэхыурэ дытепсэлъыхь хъуащ щыIэныгъэм курых хуэхъу щэнхабзэ икIи псэкупсэ лъапIэныгъэхэм, щIалэгъуалэр хэкупсэу къэгъэтэджын зэрыхуейм. ЗыхэтщIэ хъуащ Iэпкълъэпкъышхуэм и зы Iыхьэу дызэрыщытыр, ауэ а пкъыгъуэхэр зэлъэмыIэсмэ, зэрымыщIэмэ, сыт хуэдэ жэрдэм къыхыумылъхьэми, ар зэрыпхуземыгъэкIуэнур. НэгъуэщIу жыпIэмэ, хэгъэгум и щIалэгъуалэр зэрымыцIыхумэ, я гуращэхэмкIэ зэрымыщIэмэ, зы Iуэхугъуэм хуэгъэпса гукъэкIхэмрэ пэхуэщIэхэмкIэ зэшэлIа мыхъумэ, зыужьыныгъэ гуэрми и гугъу пщIы хъунукъым. Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэр лъэпкъыбэм я лъахэщ, дин зэмылIэужьыгъуэхэр щызокIуэ, бзэ зэмыщхьхэм щропсалъэ. Апхуэдиз хъугъуэфIыгъуэм ищIыIужкIэ Iуэху еплъыкIэ зэтемыхуэхэм уащрохьэлIэ. Зи дуней лъагъукIэхэр зэтехуэхэр гупу зэхыхьэурэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр къыщIэунэхур аращ, ар зы гуращэ гуэрым теухуами, Iуэхугъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ гупсысэм ехьэлIами. Сыт хуэдэ гупыжри зыунэтIын хуэныкъуэщи, къыхалъхьэ жэрдэмхэр щхьэрыуа е нэмыщIыса мыхъун папщIэ, гукъыдэж зиIэхэм щIэгъэкъуэн дахуэхъуныр, къэралым и еплъыкIэри хэдухуанэурэ дылэжьэныр ди хьэкъхэм ящыщщ. ЦIыкIу щIыкIэ къыумыгъэшар бжэгъу хъуа нэужь къэгъэшыжыгъуейщ, жыхуаIэращи, щIалэгъуалэм я зэхэщIыкIым зебгъэубгъун щхьэкIэ, екIуэкI дунейм и дахэмрэ и фIымрэ къыхилъагъукIыу бгъэсэн папщIэ, лэжьыгъэ унэтIа егъэкIуэкIын хуейщи, дэ ди къалэным хохьэ а гъэсэныгъэ хьэкъыр, зэIущIэхэр къызэдгъэпэщурэ ныбжьыщIэхэм депсэлъылIэныр. Дыхуейщ дызэхахыну, апхуэдэ дыдэуи иужь дитщ ди щIэблэм я гупсысэхэри зэдгъэщIэну. ЛъэныкъуитIыр щызэрыщIэм, Iуэхум теухуауэ щызэгурыӀуэм деж фащи щапхъи хъун Iуэхугъуэ куэд наIуэ къэхъунущ. Мис абыхэм ехьэлIащ къыхэтлъхьэ пэхуэщIэхэр, грант зэхьэзэхуэхэр, зэпеуэхэр, нэгъуэщIхэр», – жиIащ Лу Азэмэт, зытекIухьа Iуэхугъуэхэм нахуэу я щхьэ трихыу.

ЗэIущIэр зэIухауэ, уэршэр щIыкIэм иту екIуэкIащ. ЩIыналъэ щIалэгъуалэм ядэлажьэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэми министрыр щагъэгъуэзащ, жэрдэм зиIэ ныбжьыщIэхэм папщIэ зэхуэсыпIэхэр къызэрызэрагъэпэщыр, пэхуэщIэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрырагъэкIуэкIыр къыхагъэщащ. Апхуэдэу хэгъэрейхэм и гугъу ящIащ я щIалэгъуалэр естественнэ-щIэныгъэ икIи гуманитар зэхьэзэхуэхэм зэрыхыхьэр, хэт къудейм къыщымыувыIэу, текIуэныгъэхэр къызэрыщыдахыр, зэрыхьа утыкушхуэм я лэжьыгъэхэм пщIэрэ гулъытэрэ щагъуэтауэ къызэрикIыжыр.

Уэршэрым тету псалъэмакъыр зэрекIуэкIым и фIыгъэкIэ, щIалэгъуалэми нэхъ щхьэихауэ я гупсысэхэм, зыщIэхъуэпс Iуэхугъуэхэм, къайхъулIа пэхуэщIэхэм шэщIауэ я гугъу ящIащ.

«Сыт щыгъуи гушхуауэ фыщыт, дыщыгъуазэкъым е тхузэфIэкIынукъым жыфIэу фызыпэрыхьа Iуэхур IэщIыб фымыщI, гуращэм и кIапэр фIыгъыу пщэдейрей махуэм фыхуэкIуэ – ар зейр фэращ. Дэ, нэхъыжьхэм, тхузэфIэкI къэдгъэнэнукъым, щхьэпэ дыфхуэхъунущ, Iэмалхэр къыфхузэдгъэпэщынущ», – жиIащ министрым, щIалэгъуалэм я псалъэмакъым зэрыщыгуфIыкIыр имыбзыщIу.

Зэхуэсым ипкъ иткIэ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр щIыналъэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм папщIэ иратащ Къамбий Амир, МамыкIэ Кристинэ, АфэщIагъуэ Арианнэ, ЛIыгуащIэ Марие сымэ.

ЗэIущIэр и кIэм щынэсым, нэIуасэ зэхуэхъуа ныбжьыщIэхэм я телефон номерхэр зэIэпахащ, фэеплъу къахуэнэну сурэтхэр зытрагъэхащ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: