НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 20, махуэку 
Урысейм щагъэлъапIэ Лъы зытым и махуэр
1937 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Прохладнэ станицэр къалэ хъуащ.
1925 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI Сындыку Тобий (Анатолэ).
1932 гъэм къалъхуащ режиссёр, УФ-ми КъБР-ми гъузджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Теувэж СулътIан.
1933 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист НэщIэпыджэ Ибрэхьим.
1940 гъэм къалъхуащ УФ-ми КъБР-ми щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик Джырандокъуэ Михаил.
1949 гъэм къалъхуащ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI, КъБР-мрэ КъШР-мрэ я цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Ацкъан Руслан.
1955 гъэм къалъхуащ педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-ми КъБР-ми егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Щоджэн Ахьмэд.
1965 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Беслъэней Эдуард.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ.      Хуабэр махуэм    градус 16 – 18, жэщым  градуси 10 - 12 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
КъыпкIэлъымыкIуэм узыкIэлъигъэкIуэнукъым.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ