БлэкIам и лъэужь

Хэку зауэшхуэм и Iэужьыр мыкIуэдыжын нэпкъыжьэу къадокIуэкI ди цIыхубэм. ЦIыху дапщэ хъыбарыншэу хэкIуэда? ЛIыгъэ зэрахьэу псэ зэпылъхьэпIэм къикIа дапщэм яхуэфащэ къэрал дамыгъэхэр къаIэрымыхьэжу къэна? Бжыгъэншэщ апхуэдэхэр, атIэ сыт и уасэ абыхэм ятеухуа зы хъыбар мащIэри, къэрал дамыгъэхэри, езыхэр дунейм темытыжми, я бынхэм, я къуэрылъху-пхъурылъхухэм къахуэбгъуэтыжыныр.
«Баксанский вестник» газетым щIэх-щIэхыурэ дыщегъэгъуазэ Нэхущхэ Ахьмэдрэ абы ипхъу Дианэрэ а Iуэхум теухуауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэшхуэхэм. Зейхэм яIэрымыхьэжа къэрал дамыгъэу 335-м я лъэужьыр къагъуэтыжу, ахэр я унагъуэхэм, я Iыхьлыхэм иратыжыну яхузэфIэкIащ жэуаплыныгъэ ин зыхэлъ къэлъыхъуакIуэхэм.
Абыхэм я лэжьыгъэм и хъыбарыр ди республикэм и гъунапкъэм икIауэ, гъунэгъу щIыпIэхэм (Дагъыстэным, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Адыгейм, Ставрополь, Краснодар крайхэм) щыпсэухэми лъэIукIэ зыкъыхуагъазэ икIи апхуэдэ дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэ зы цIыхуи ягъэщIэхъуркъым. 
Нэхущхэ зыхуагъэувыжа къалэныр зауэм хэтахэм я лъэужьымрэ я щIыхь дамыгъэхэмрэ къэлъыхъуэжынымкIэ иухыркъым: а къагъуэтыжахэм ятеухуа тхыгъэшхуэхэр пIалъэ пыухыкIам тету щIыналъэ газетым ират. Тхыгъэхэм къыщыгъэлъэгъуащ зауэлIхэм зэпача гъуэгуанэр, щызэуа щIыпIэхэр, зэрахьа лIыгъэр, къэрал дамыгъэхэр къыщIратамрэ къыщрата зэманымрэ.
Иужьрей тхыгъэр зытеухуар зауэлI БжьыхьэлI Жинус Сет и къуэрщ. Мыри къыхэгъэщыпхъэщ: мы лъэпкъым щыщу зауэм цIыхуибл кIуати, зыми къигъэзэжакъым.
Жинус 1902 гъэм ХьэтIохъущыкъуей Езанэм (Зеикъуэ) къыщалъхуащ. Зауэм щIидзэн ипэкIэ ар колхозым хэтащ. 1942 гъэм дзэм ираджэри, запасым щыIэ фочауэ бригадэм хагъэхьащ. Дэфтэрхэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, ар 1943 гъэм хъыбарыншэу кIуэдащ. Зэманыр кIуэрт, Жинус и кIуэдыкIар я гущIыхьэт и унагъуэми ар фIыуэ зылъагъуу щыта къуажэдэсхэми.
2015 гъэм лъыхъуакIуэхэр Жинус и лъэужьым техьащ - ар 1943 гъэм гъэрыпIэм ихуэу хэкIуэдахэм ящыщт, Украинэм и Славутэ къалэм щыщIалъхьат. ЗауэлIым теухуауэ къагъуэта псори Зеикъуэ яхьри, Жинус и къуэ Мухьэб иратыжащ. Илъэс 73-кIэ пэплъат ар адэм и хъыбарым. Мухьэб илъэси 3 хъуауэ арат и адэр зауэм щыкIуам. И къуэш Сэрэбий нэхъ цIыкIужт, и пхъуищыр - Пагуэ, Линэ, ШэIимэт - абыхэм нэхърэ нэхъыжьыIуэт…
БжьыхьэлI Жинус и цIэр тетхащ Зеикъуэ дэт фэеплъым, Ставрополь краймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я фэеплъ тхылъхэм итщ. ГъэрыпIэм ихуа дэтхэнэ зы цIыхуми тIуащIэу игъэващ зауэм и гугъуехьымрэ хьэзабымрэ, абыхэм ятелъа хьэлъэр зыми щыгъупщэ мыхъуну. Адэм и кхъащхьэм кIуэну бынхэм иджыпсту Iэмал яIэкъым, Украинэм щыIэ щытыкIэм и зэранкIэ.
Унагъуэ 335-м хъыбарыншэу зауэм хэкIуэда я Iыхьлыхэм ятеухуахэр къахуэбгъуэтыжыным пэкIуэ фIыщIэм и инагъыр къызэрыплъытэ хъун пщалъэ щыIэкъым. 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: