Тхыдэр зытхахэр

ИлъэсипщI зыбжанэкIэ Урыс-Кавказ зауэм и пэжыпIэр зэрыщIауфэным хэтащ, пащтыхь генералхэм Шэрджэсым, Дагъыстэным, Шэшэным щызэрахьэ залымыгъэр ягъэзахуэу, мысэр хей ящIу буржуазнэ тхакIуэхэм Iуэхур зэрыщымыту ятхырт, Кавказ лъэпкъхэр лъыифхэу икIи гущIэгъуншэхэу жаIэу Iэджэ пцIы яIуатэрт, уеблэмэ бгырысхэм гущIэгъуншагъэр я хьэлу къыщIрагъэдзыну хэтт.
Езы пащтыхьыр хэтыт абы щыгъуэ? Аратэкъэ бгырысхэм я лъыр щысхьыншэу зыгъажэр? Абы и генералхэратэкъэ цIыхухъу зыдэмысыж къуажэхэм сабийхэмрэ жьыкIэфэкIэхэмрэ щызэтезыукIэр? Бгырысхэм хуитыныгъэр зыпащI щыIэтэкъыми, ар яхъумэжыным щIэбэнырт.
Ижь-ижьыж лъандэрэ урыс лъэпкъыр пашэгъу ящIыну яфIэкъабылт бгырысхэм. Ауэ пащтыхьымрэ лъэпкъ псомрэ зыкъым, езы урыс лэжьакIуэбэри арат зыгъэпщылIыжыр.
Кавказми пащтыхьыр къэкIуат и пщылIхэм я бжыгъэр нэхъыбэ ищIыну. Адыгэхэм Iэщэр яIэщIэлъу зауэм IукIуадэмэ нэхъ къащтащ, пщIылI хъу нэхърэ.
Марксрэ Энгельсрэ я нэIэ къытрагъэтырт Кавказым зауэр зэрыщекIуэкIым икIи зэрахуэфэщэнкIэ пщIэ къыхуащIащ адыгэ лъэпкъым и щхьэхуитыныгъэр зэрихъумэжым. Маркс а зэманым мыпхуэдэу итхащ: «Адыгэ хахуэхэр аргуэру зыбжанэрэ урысхэм ятекIуащ. Лъэпкъхэ, щапхъэ ятефх, щхьэхуиту къэнэжыну хуей цIыхухэм яхузэфIэкIым».
Адыгэхэм яхэлъ лIыхъужьыгъэшхуэр дуней псом яфIэтелъыджэт. ИкIи Венгрием, Грецием, Польшэм, нэгъуэщI къэралхэми къикIа революционерхэри адыгэ зауэлI мэхъашахэм ядэзауэрт.
Грибоедоври, Лермонтоври, Толстой Леви Кавказым щхьэусыгъуэ зырыз яIэу къэкIуат, ауэ ахэр зэдэрэгъут пащтыхьым Кавказым щызэрихьэ мыхъумыщIагъэр щысхьыншэу сэтей къыщащIкIэ. Езыхэм пщIэ хуащIырт бгырысхэм, фIыуэ ялъагъурт абыхэм я IуэрыIуатэр.
Пушкиныр тIэунейрэ щыIащ ди хэкум. Абы адыгэхэр жагъуэу илъагъуртэкъым, нэ жанкIэ кIэлъыплъырт я гъащIэм, пщIэшхуэ яхуищIырт хуитыныгъэр фIыуэ зэралъагъум щхьэкIэ, фIэгъэщIэгъуэнт яхэлъ хьэщIагъэр, нэмысыр, лIыгъэр. ПщIэнши хъуакъым Кавказым зэрыщыIар – ди щIыналъэм теухуа усэхэр, поэмэхэр итхащ.
«ЩIыпIэ узытхьэкъущ. Абы сыт хуэдиз поэзие къыщызгъуэта, сыт хуэдиз гурыфIыгъуи щызгъэунэхуа!» – жиIэу и Iыхьлы Павлищевым хуиIуэтэжат здэщыIар къызэрыщыхъуар. Урыс тхакIуэшхуэр и телъхьэт бгырысхэр езыхэр хуейуэ Урысейм гуэгъэхьэным. Зэман кIыхькIэ Кавказым щыIащ Лермонтов Михаил. Абы куууэ щыгъуазэ зищIат бгырысхэм я псэкупсэ щэнхабзэм, я хьэл-щэным, я хабзэхэм, я псэукIэм, дуней тетыкIэм.
«Кавказырыс» зыфIища и очеркым, и щхьэм тритхыхьыжам, усакIуэм щыжеIэ: «…ЛIыхъужьыгъэ зыхэлъ лъэпкъым и IуэрыIуатэ усэбзэкIэ тхам ар итхьэкъуат (зи гугъу ищIыр адыгэхэрщ – Хь.М.), бгырысхэм я хабзэхэмрэ я хьэлхэмрэ хъарзынэу къыгурыIуат, я пелуанхэр я цIэкIэ зэригъэщIат, я лъэпкъ нэхъыщхьэхэр къызыхэкIахэр игу ириубыдат».
УсакIуэм и тхыгъэхэм увыпIэшхуэ щеубыд «Урысеймрэ Кавказым ис лъэпкъхэмрэ» ятриухуам. Лъэпкъхэр пщылIыпIэм иригъэувэн, абыхэм я щIыналъи я хуитыныгъи ятрихын мурадкIэ, пащтыхьым Кавказым щригъэкIуэкI зауэм ар и бийт икIи зи хуитыныгъэр зыхъумэж бгырысхэм я зэщIэхъееныгъэр диIыгъырт… Абыи тэмэму къыгурыIуэрт фIырыфIкIэ бгырысхэр Урысейм гуэгъэхьэным лъэныкъуитIми я сэбэп зэрыхэлъыр.
Пащтыхьым и IуэхущIафэм ер къызэрикIым, леймыгъэгъу бгырысхэм шынагъэкIэ зэрыпхудамычыхынум, щхьэхуиту къалъхуар залымыгъэм и бжьым зэрыщIэмыувэнум, адыгэм и лIыгъэр зыхуэдэм – а псоми ятеухуащ Лермонтовым и поэмэ цIэрыIуэ «Измаил-Бейр», гупсысэ лъэщыр зи къуэпсу усэбзэ къабзэкIэ зэщIэжьыуэжу тхар. Поэмэм удихьэхыу укъеджэ къудейкъым, ар а лъэхъэнэм и гъуджэщ, уиплъамэ, Кавказым и щытыкIэр зэрыщыту зыхуэдэу къищу, зауэм и теплъэгъуэ шынагъуэхэри мамыр гъащIэри уигъэлъагъуу. Абы нэгум къыIуригъадзэхэм нэмыщIи, гур егъэпIейтей, куэд зыхыуегъащIэ, къыбгурегъаIуэ. Поэмэм укъоджэ, абы хэт лIыхъужьхэм ягу зыгъэинри, я псэм щыщIэри, я хъуэпсапIэхэри, я губжьри адыгэхэм я хэкум хуаIэ фIылъагъуныгъэ уасэ зимыIэри куууэ уэри зыхэпщIэу, абыхэмкIэ укъызэщIэсту…
ЖыпIэ хъунущ а поэмэр пащтыхьымрэ абы и лIыукI генералхэмрэ суд пащхьэм изыгъэувэ икIи зезыгъэцIыхуж уэчылым и псалъэ гуащIэу. Ауэ а зы поэмэм и закъуэкъым Лермонтовым Кавказым тритхыхьар, бгырысхэр, псом хуэмыдэу адыгэхэр, зэригъэлъэпIар. Апхуэдэ усэхэу, поэмэхэу итхахэм – «Мцыри», «Бастунжы къуажэр», «Хьэжы-абрэдж», «Тэрч и тыгъэхэр», «Къамэ», «УсакIуэ», «Кавказ гъэр», нэгъуэщIхэми – укъызэщIаIэтэ, поэзие нэсым къуит гухэхъуэр зыхыуагъащIэ.
Нэмыплъ зрат поручикыр «ауэ сытми теплъэгъуэ дахэхэмкIэ тхылъеджэр къыдэсхьэхынщ», жиIэу бгырысхэм ятетхыхьа къудейкъым, ахэр цIыху ахъырзэманхэу, щIыкIафIэхэу, гурыхуэхэу, нэмыс яхэлъу къигъэлъэгъуащ. Абы зэхикъутащ пащтыхьым и пыхъуэпышэхэм Кавказым ис лъэпкъхэм «сэхъуари Iэлри» къыфIащурэ зэрагъэпцIа Iуэху еплъыкIэ нэпцIхэр, урыс цIыху къызэрыгуэкIхэм гукъэкI яригъэщIащ пащтыхьым иуба лъэпкъхэм пщIэрэ нэмысрэ яхуэфащэу, абыхэм щхьэхуитыным теухуауэ ирагъэкIуэкI зауэри зэхуагъэу.

 

Поделиться:

Читать также: