Лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэр

Абхъаз-адыгэ зэхущытыкIэхэр зэрыбыдэр, зэкъуэшитI я бын хуэдэу лъэпкъитIыр зэрызэбгъэдэтыр зэманым мызэ-мытIэу зэригъэунэхуам дэтхэнэри дыщыгъуазэщ. Псом хуэмыдэу ар ди нэхъыжьхэм я нэгу щIэкIащ I992-I993 гъэхэм, Абхъазым и щхьэхуитыныгъэм щIэзэун хуей щыхъуа илъэсым. Зауэр гузэвэгъуэщи, куэдым абы я щхьэ халъхьащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа ди щIалэхэри яхэту. А псор ТекIуэныгъэм щхьэкIэти, захуэм бжьыр иубыдыжащ, Абхъаз щIыналъэ дахэми и щIыхьыр хэутэн ирагъэщIакъым. Нэгъабэ илъэс 30 ирикъуащ ар зэриухрэ.
Ходжаа Эммэ Хэку зауэм и курыкупсэм хэта хъыджэбз хахуэу жыпIэ хъунущ. ЩIыналъэм къыщыхъухэр зытхыжын хуей корреспондентт ар. Абыи къыщымынэу, зауэлIхэм зыщагъэпсэхукIэ гитарэм еуэу е ауэ зэпадзыжу уэрэд жаIэу зэхихамэ, къызэтеувыIэурэ видеокассетэм тригъатхэу хуежьащ. Налшык щекIуэкIауэ щыта «Хара харуаа реихабы» («Ди ТекIуэныгъэм и уэрэдхэр») пшыхьым Эммэ сызэрыщыбгъэдэта дакъикъэхэм куэдым срагъэгупсысат: цIыхур, лъэпкъхэр гугъуехьым деж нэхъ зэрызэрыубыдым, лIыгъэмрэ напэмрэ я зэхэгъэкIыпIэ зэрыхъур. «Ушынэртэкъэ, Эммэ?» - жысIэу сеупщIами, жэуапыр гурыIуэгъуэтэкъэ?! 
«Зауэм хэт щIалэхэм уэрэдхэр щызэпадзыжым, узыхэтыр зы тэлайкIэ фIэкIа мыхъуми, пщагъэгъупщэрт. Абы къаруущIэ къахилъхьэр езы зауэлIхэми, - жиIат Эммэ. - А уэрэдхэм къаIуатэрт лIыгъэ, хахуагъэ, Хэку лъагъуныгъэм и пщалъэ, щхьэхуитыныгъэм и уасэ, лъэпкъым и къуэ пажэхэм я щIыхь, я псэм и къулеягъ. Уэрэдхэр абхъазхэми адыгэхэми зэщIыгъуу жаIэу зауэм зэдыхэтащ, Хэкум и щхьэхуитыныгъэри зэгъусэу къахьа ди ТекIуэныгъэщ. Апхуэдэ зэхущытыкIэфIхэр ди ужь итхэми яхэлъыну тфIэфIт, Абхъаз Хэку зауэм хэкIуэдахэм я лIыхъужьыгъэр абыхэм я щапхъэу къэтэджыну дыхуейщ». Эммэ зауэм щызэхуихьэса уэрэдхэр дискым трагъэтхэжауэ щыIэщ, IыхьитI хъууи фильм зэхагъэуващ. Фильмым щыжаIэ уэрэдхэр псори зауэ илъэсхэм ягъэзащIэу щыта защIэщ. Иджы ахэр жаIэ Хэкум папщIэ зи псэр зыта лIыхъужьхэм я бынхэм. 
«Зэи сщыгъупщэнкъым, - пещэ и гукъэкIыжхэм Эммэ, - Кавказ Ищхъэрэм щыпсэухэм а илъэсым дэ къытхуащIар зыхуэдизыр. ЕрыскъыхэкIхэм къыщегъэжьауэ цылъэпэдхэм щыщIэкIыжу къытхурамыгъэшарэ дэIэпыкъуэгъу къызэрытхуэмыхъуарэ щыIэкъым. ЖысIэм егъэлееныгъэ хэлъкъым, сэ езым си нэгу щIэкIащ ар. СыщIохъуэпс зэгуэр быдэу дызэрызэкъуэувам хуэдэу, дяпэкIэ къытщIэхъуэнухэм ди зэхущытыкIэр зыхащIыкIыну, ар нэхъри ирагъэфIэкIуэну». 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: