Узэкъуэтмэ, улъэщщ

Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ Щэнхабзэ фондым иджыблагъэ куржы щэнхабзэм и пшыхь гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. Ар къызэзыгъэпэщари езыгъэкIуэкIари «Риони» куржы лъэпкъ-щэнхабзэ центрырщ.
ЗэIущIэр къызэIузыха, Щэнхабзэ фондым и унафэщI Мэкъуауэ Люазэ къызэрыхигъэщамкIэ, «Риони» зэгухьэныгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ дыдэ къыщызэрагъэпэща лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм языхэзщ. 1990 гъэм щегъэжьауэ зэпымыуауэ лъэпкъ Iуэху зезыхуэ зэгухьэныгъэр щIыналъэм и щэнхабзэ гъащIэм жыджэру хэтщ. «Куржыхэм я центрыр къызэрыунэхурэ нобэр къыздэсым ди щIыналъэм и гуфIэгъуэри и гуауэри адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ къыддагуэшу куржыхэр къыддопсэу. Уеблэмэ ахэр IыхьлыгъэкIэ къытпыщIа хъуащ, япхъухэр ди щIалэхэм псэуэгъу яхуохъу, ди хъыджэбзхэр куржы щIалэхэм щхьэгъусэ ящI. Ди щIыналъэм зэрыщыпсэум, лэжьыгъэкIэ дапыщIа зэрыхъуам къыщымыувыIэу, апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр ди зэхуакум зэрыдэлъым и фIыгъэкIэ, ди зэхущытыкIэхэри нэхъ йофIакIуэ, зэдэтщIэ икIи зэдэтIэт пэхуэщIэхэм я бжыгъэм хохъуэ. Шэч хэлъкъым, куржыхэр дызэригъунэгъум къищынэмыщIауэ, лъыкIи лыкIи ди къуэшхэщ, зы хэгъэгушхуэр – Кавказыр – ди зэхуэдэ унэщ, лъахэщ, щIыпIэщ. А зы щхьэусыгъуэм фIэкIа хэмылъми, фIыуэ дызэхущытыныр дэтхэнэми ди хьэкъщ», – жиIащ Мэкъуауэ Люазэ.
АдэкIэ Мэкъуауэ Люазэ зэIущIэм хэтхэм яригъэцIыхуащ «Риони» центрым щIэуэ теува и унафэщIыр – Кавлашвили Сергей. Центрым и пашэр зэрыхахрэ илъэситI хъуами, езым зэрыжиIащи, унафэщI къалэн игъэзащIэу утыкум япэу ихьэу аращ. «КъызэрымыкIуэу си гуапэщ ди лъэпкъым, ди жылагъуэ зэгухьэныгъэм мыпхуэдэ гулъытэ зэригъуэтар, Щэнхабзэ унэм дыкърагъэблагъэу дызэрыщагъэфIар. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу куржыхэр куэд дыдэ дыхъуркъым, цIыхум минитIрэ ныкъуэм мащIэу дыщIигъуу аращ. Ауэ ди бзэмрэ ди хабзэхэмрэ зэрытхъумэжыным дыхущIокъу, гузэвэгъуэми гуфIэгъуэми дызэрызэлъэIэсыным дыхущIокъу. Куржыхэм зы зэхуэсыпIэ гуэр диIэн зэрыхуейр зыхэтщIэу, дрипсалъэу, ауэ лъэбакъуэ пыухыкIахэр зычын къытхэмыкIыурэ илъэс пщIы бжыгъэхэр екIуэкIащ. Япэ дыдэу щхьэихауэ, апхуэдэ зэхуэсыпIэ димыIэнкIэ Iэмал имыIэу ди нэхъыжьхэр ирипсалъэ щыхъуар 1987 гъэращ. Абы къыщегъэжьауэ 1990 гъэ пщIондэ ди зэманыр унафэ пыухыкIахэр къэхьынымрэ тхылъымпIэхэр зэгъэпэщынымрэ теухуауэ щытащ. ИкIи, къыхэгъэщын хуейщи, ди гуращэр дызыхэс адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ къыддаIыгъауэ щытащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэрагъэпэщ щэнхабзэ Iуэхугъуэхэм зэрытхузэфIэкIкIэ дыхэтщ, зыщыдогъэлъагъуэ, ди лъэпкъыщхьэр зыхуэдэм гъунэгъухэр щыгъуазэ худощI», – жиIащ Кавлашвили Сергей.
Апхуэдэу, «Риони» центрым и унафэщIым къыхигъэщащ Урысейм куржы зэгухьэныгъэ 32-рэ зэрыщылажьэр, уеблэмэ Якутиеми куржы зэхуэсхэр зэрыщыIэр. ХамэщIым щыпсэу куржыхэм я зэхуэсышхуэр Урысейм къыщызэрагъэпэщар 2020 гъэращ.
Кавлашвили Сергей и къэпсэлъэныгъэм иужькIэ, зэхуэсым хэтхэр «ЕфIакIуэ, Куржы!» зи фIэщыгъэ фильмым еплъащ. Ар теухуат куржыхэм Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ хуаIэ пыщIэныгъэхэм, щрахьэкI псэуныгъэм, я хъуэпсапIэхэмрэ гугъапIэхэмрэ. Кавлиашвили зэрыжиIамкIэ, фильмыр «Риони» центрым и IэмалхэмкIэ трахащ. Фильмым къыщыгъэлъэгъуащ куржыхэм адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ хуаIэ хущытыкIэ гуапэр, щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIкIэ щхьэегъэзыпIэ къалъыхъуэу адэжь лъахэр зыбгына куржыхэр Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ я щIыгум къыщихьэм, цIыхухэр гуапэу зэраIущIар, хьэщIагъэ зэрырахар, я гумэщIыгъуэхэр зэрагъэмэщIар.
«Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм зэщхь куэд хэлъщ, зы лъапсэм къыщежьэу лъэпкъ щхьэхуэу зэрызаужьыжами, илъэсищэ бжыгъэхэм гъунэгъуу зэрызэбгъэдэсами къыхэкIащ ахэр. Зэщхьу диIэхэр тегъэщIапIэ тщIыуэрэ ипэкIэ дыкIуэтэн хуейуэ къысщохъу. Дэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэх-щIэхыурэ драгъэблагъэ, ди лъэпкъ щэнхабзэм ехьэлIауэ абдеж щрагъэкIуэкI псалъэмакъхэм дыхохьэ, зэIущIэхэр купщIафIэ хъун папщIи тлъэкI къэдгъанэркъым. Дызэдэпсэуну насып щытхуэхъуакIэ, IуэхуфIрэ гулъытэкIэ дызэлъэIэсыныр дэтхэнэ зыми ди хьэкъщ. Сэ сыкъапщтэмэ, си адэшхуэм и адэращ Къэбэрдейм 1905 гъэм къихьауэ щытар, япэу зэкIуэлIауэ щытари адыгэщ, япэу Iухуауэ щытари адыгэм и шыгъупIастэщ. Гу пкIуэцIылъмэ, ар дауэ зэрыпщыгъупщэнур?! ДяпэкIи апхуэдэ хабзэхэр зэкIэлъызетхьэу дызэдэгъуэгурыкIуэн хуейуэ къызолъытэ», – жиIащ Кавлашвили Сергей.
ЗэIущIэм кърихьэлIахэм «Риони» центрым и лэжьыгъэм хэт бзылъхугъэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа куржы фащэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ дахэм хагъэплъащ, уэрэдхэм ирагъэдэIуащ, къафэхэм ирагъэплъащ, лъэпкъ шхыныгъуэхэр Iуагъэхуащ.
Узэкъуэтмэ, улъэщщ, щIыжаIэр аращи, зы щIыгу узэдису, зыпс узэдефэу мамыру укъызэдемыкIуэкIыныр игъуэджэщ. Лъэпкъхэр къэпцIыхуным, я фIым щыгъуазэ ухъуныр цIыхум и псэкупсэ дунейр бей зэрищIым и мызакъуэу, къэкIуэну лъэхъэнэхэм щыпсэуну щIэблэм я гъащIэм дахагъэрэ гупсэхугъуэрэ хелъхьэ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: