Пшадэ (Пшад)

ФIэщыгъэр кIэрыпщIащ урысхэм мы щIыпIэм щаухуа къуажэм, абы къыщхьэщыт, метр 743-рэ зи лъагагъ Iуащхьэм, натхъуэдж адыгэ лIакъуэм щыщ цIыхухэр зыдэса тIуащIэм, Геленджикрэ (ХъупIэжьий, ХьэфIыцIей) Архипо-Осиповкэрэ зэпызыщIэ щхьэдэхыпIэмрэ абдежым гъунэгъуу щежэх псы цIыкIумрэ. Иужьрейм «Дуаб»-кIи еджэрт.
Геленджик къалэ цIыкIум къедза Iэгъуэблагъэм щежэх псыхэм я нэхъ инщ километр 35-м нэблагъэ зи кIыхьагъ Пшадэ. 
Мы щIыпIэм зыщызыгъэпсэхухэм я фIыгъэкIэ зи гугъу тщIы псыр зыдэт тIуащIэм теIукIащ «Псыкъелъэу100-м я къуэладжэ» цIэр. 
Пшадэ здежэх мэзылъэ къуэкIийм псы къуэпсу 30-м нэблагъэ къыщыхолъадэ. Я нэхъ цIэрыIуэ Пэпей, Дэгубэ зи фIэщыгъэхэри яхэту, абыхэм километри 3-м къыщегъэжьауэ 20-м нэблагъэ я кIыхьагъщ.
ФIэщыгъэр къызытехъукIам ехьэлIауэ
Лъахэхутэ зыбжанэм къызэралъытэмкIэ, «щIыпIэцIэр къызэрыдгурыIуэ хъунур зэхагъэкIагъэххэщ» жытIэныр пэжым пэIэщIэу къыщIэкIынущ. 
Псом япэу къыхэдгъэщынщи, зыгуэрхэм ар ирапх куржыхэм я бзэм, «псы къибыргъукI» мыхьэнэр ирату, хэти «пша» псалъэм.
  ЩIэныгъэлIхэм я нэхъыбапIэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, «Пшадэ («Пшад») щIыпIэцIэм и япэ Iыхьэр, «пшы»-р, зыхуэтхь хъунур «псы» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна псалъэпкъырщ. НэгъуэщIхэми къызэралъытэмкIэ, фIэщыгъэр абхъазыбзэм хэт «апшадэ» («жьыншэ») псалъэм къытехъукIащ. ЩыIэщ, фIэщыгъэр зи гугъу тщIы лъэпкъым я бзэм, «жьы къыщемыпщэ тIуащIэ» «жьугъуэджэ» мыхьэнэхэм щыхуагъакIуэу хэт «апшадэ» псалъэм хуэзышэхэри. 
Мыдрейхэм Пшадэ псыцIэм халъагъуэр «пшагъуэм щIихъума» егупсысыкIэрщ, фIэщыгъэм и етIуанэ Iыхьэм - «ды» жыхуиIэм - кIахэ адыгэхэм «щIихъумащ» мыхьэнэри къызэрыщрагъэкIым къыхэкIыу. 
ФIэщыгъэм ехьэлIауэ нэгъуэщI зы еплъыкIи щыIэщ. Абы тетщIыхьмэ, щIыпIэцIэр лъабжьитIу зэхэлъщ: «пщэ(й)»-рэ «дэ»-уэ. Япэ Iыхьэр, «пщэ (й)»-р, тхушэдеяфэ (чинар) жыгым натхъуэдж адыгэхэр зэреджэу щытам пэгъунэгъущ, етIуанэ пычыгъуэр, «дэ»-р, пхъэщхьэмыщхьэ быдэ цIыкIум и лъэпкъыгъуэ псоми хужаIэ псалъэрщ. Ауэ щыхъукIи, фIэщыгъэр къызэрыбгурыIуэ хъунур «тхушэдеяфэрэ дейуэ зэхэт мэз» - жиIэущ. 
УарохьэлIэ щIыпIэцIэр натхъуэджхэм я бзэм IыхьитIу щызэхыхьэ «пщэ-ды» жыIэкIэу япэ Iыхьэр, «пщэ»-р, «пшэ», «пшагъуэ» мыхьэнэхэм, «ды»-р «щIэзыхъума», «зысея», «зыгъэдия» егупсысыкIэм хуэзышэхэми, дэ, къэбэрдейхэм, «тхушэдеяфэ» (чинар), «мэзыдэ» жыхуэтIэхэм техуэу къэзылъытэхэми, зи гугъу ящI псыхъуэм а жыг лIэужьыгъуэхэм куэдыкIейуэ уазэрыщрихьэлIэр я щхьэусыгъуэу. 
Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, щIыпIэцIэхэр джыным куэд щIауэ дихьэх Мерэтыкъуэ Къасым «Адыгэ топонимикэм и псалъалъэ» («Адыгейский топонимический словарь») и тхылъым зэритымкIэ, «Мэз-мый» фIэщыгъэм дежи дызыщрихьэлIэр ищхьэкIэ къэтхьа «пщэды»-м ещхь псалъэ зэхэгъэувэкIэщ. 
«Пшы» - «Псы»
«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КIуэкIуэ Жэмалдин «Черкесская топонимика» и тхылым къыщигъэлъэгъуа щапхъэхэр гъэщIэгъуэнщ. Абыхэм ящыщ зыбжанэ мыбдежым къыщытхьынщ.
«Пщыхьэ» - псыцIэщ. Мэзылъэ Iуащхьэхэр къызэринэкIыу тафэм къытехута Щхьэгуащэ ищхъэрэ-къухьэпIэмкIэ къыщыхэлъадэ псыхэм я нэхъ инщ. «Пшышъхьа» псалъэри абы къытехъукIащ, и мыхьэнэкIэ «псым и щхьэ» - жыхуиIэщ. 
«Пшиш» («Пщыщ» - кIахэ, «Пшышэ» - къэбэрдей) - Псыжь сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыхэлъэдэж псыщ. 
«Адыгэ IуэрыIуатэхэр» тхылъым, Налшык къалэ 1968 гъэм къыщыдэкIам, ущрохьэлIэ «Пшышэжь» псалъэм, «Пшышэ и кIуапIэжь, ар зыдэту щыта ныджэжь» мыхьэнэхэр къызэрыкIым. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIи, къызытепщIыкIар ищхьэкIэ зи гугъу тщIа псыцIэрщ. 
«Пшыз» - кIахэ адыгэхэр Псыжь (Кубань) зэреджэр апхуэдэущ. ЖытIа псоми къадэкIуэу, мы фIэщыгъэм дызригъэгупсысаращ: «Ярэби, абы и цIэр «псы изу зэрыт» жыхуиIэм къытемыпщIыкIауэ пIэрэ?» 
ГъэщIэгъуэнщ, абхъазхэм къагъэсэбэп «пшап» псалъэр адыгэхэм «псыпэ» зыхужытIэр зэрыарари. Уеблэмэ къызэрыщыхутар уэ къащIэ, ауэ, «пша» псалъэпкъыр куржыхэм я бзэми хэтщ, «псы кIантIэ», «псынэ къибыргъукI» мыхьэнэхэм щыхуагъакIуэу. 
ЛЪАГЪУЭРЫКIУЭ Шухъыжьэ.
Поделиться: