Къалэнышхуэ зыгъэзащIэ IэнатIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и унафэщI Багъэтыр Олег. Ахэр тепсэлъыхьащ 2022 гъэм республикэм и суд IуэхущIапIэхэм зэфIагъэкIамрэ гъэзэщIакIуэ къулыкъущIапIэхэмрэ судхэмрэ зэры­зэдэлажьэмрэ. 
ЗэIущIэм зи гугъу щащIахэм ящыщщ иужьрей зэманым хэгъэгум щыпсэухэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ нэхъыбэрэ судым зыхуагъазэ зэрыхъуар. Апхуэдэуи къыхагъэщащ а IэнатIэр нэхъри зэрегъэфIэкIуапхъэр. Абы папщIэ дяпэкIэ къапэщылъщ къаIэрыхьа Iуэхум зэрыхэплъэ пIалъэр гъэмэщIэн, ящI унафэхэм я фIагъыр егъэфIэкIуэн, лэжьыгъэм хуэIэзэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырын, иджырей технологиехэр я лэжьыгъэм нэхъыбэу къыщагъэсэбэпу щытын зэрыхуейр, нэгъуэщIхэри.

Поделиться: