Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центр Налшык къыщызэIуах

«Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хыхьэу, «Искож» хьэблэм дыгъуасэ къыщызэIуахащ Нал­шык къалэм Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ и центры­щIэр.

Удз гъэгъа теплъэ зиIэ Щэн­хабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрыр къызэIуахыным и пэ къихуэу, республикэм и къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм лъэпкъ къафэхэм щаIэ зэфIэкIхэр ягъэлъэгъуащ.
- ПщIэ зыхуэтщI КIуэкIуэ Казбек, си лэжьэгъухэ, ныбжьэгъу­хэ! Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, нобэрей гуфIэгъуэ къэхъугъэм къэралым и дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ. «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым псори щы­мыгъуэзэнкIи хъунщ, ауэ щэнхабзэ зыужьыныгъэ центрхэр мыгувэу щIыналъэ псоми къыщыунэхунущ. 2019 гъэм и пэ къихуэу, а Iуэху дахэр едгъэжьащ икIи мыпхуэдэ IуэхущIапIэ Налшык къалэм къы­щы­зэIутхыну къыхэтлъхьат, - жи­Iащ УФ-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Пре­по­доб­ная Надеждэ. - Гуапэщ ар нобэ къызэрыдэхъулIар. Балигъхэми сабийхэми а центрым я псэм пэгъунэгъу, дэзыхьэх Iуэху­гъуэ къыщагъуэтынущ, зы­­щаужьынымкIи щхьэпэ ­яхуэхъунущ. Нэхъыщхьэращи, творческэ зэфIэкI зиIэ ныбжьыщIэхэм я ехъулIэныгъэхэм щыхагъэхъуэнымкIэ сэбэп хъунущ. ЕфIакIуэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэ! 
- Къэбэрдей-Балъкъэрым къыб­гъэдэкIыу УФ-м щэнхабзэмкIэ и министерствэм, министрым, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым зи мылъку хэзылъхьа дэтхэнэми фIыщIэ яхузощI! «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектыр зэрагъэзащIэм и фIыгъэкIэ, щытыкIэ гугъу ди­хуами, зэманыр мы­тынш­ми, дызэкъуэтмэ, щэнхабзэ Iуэхум зытхуегъэужьынущ, а унэтIы­ныгъэм и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ лъапIэныгъэхэмрэ тхуэхъумэнущ, - къыпищащ   КъБР-м и ­Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. - Къэралым и Президент Путин Владимир «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хуищI гулъытэм и фIыгъэкIэ, ди сабийхэм я зэфIэкIым хагъэхъуэну, заужьыну IэмалыфIхэр яIэщ. «Искож» хьэблэр егъэфIэ­кIуэ­ным дяпэкIи къыпытщэнущ. Спорткомплекс къыщызэIутхынущ, курыт еджапIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ щызэдгъэ­пэщыжынущ. Ухуэныгъэм зи гуащIэ хэзылъхьа дэтхэнэми фIыщIэ яхузощI. Центрым и лэжьакIуэхэм ехъулIэныгъэхэр яIэну, дэкIуеипIэщIэхэм хуэ­кIуэну ди гуапэщ!
ХьэщIэхэм Щэнхабзэ зыу­жьыныгъэмкIэ центрым и пэш­хэм (художественнэ, литературэ, уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ студиехэм, медицинэ клубым) зыщаплъыхьащ, абы и егъэджакIуэхэмрэ гъэсэнхэмрэ я лэжьыгъэхэм зыхагъэгъуэ­защ. Еплъахэм щIэщыгъуэ ящы­хъуащ декоративно-прикладной гъуа­з­джэм и IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр, сурэтыщI ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэ гъэ­щIэгъуэнхэр, лъэпкъ къа­фэхэр. Егъэджа­кIуэхэм къыхагъэщащ ныбжьыщIэ нэхъыбэ IуэхущIапIэм кърашэлIэну, я зэфIэкIхэм зрагъэужьыну зэрамурадыр.
ЗэIущIэм хэтащ УФ-м и Къэ­рал Думэм и депутат Геккиев Заур, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, Налшык къалэ округым и администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз, УФ-м, ­КИФЩI-м щэн­хабзэмкIэ и Iуэ­хущIапIэхэм я унафэщIхэр, къэпщытакIуэ нэхъыщхьэхэр.
Зэхыхьэр ягъэдэхащ щапхъэу къалъыта «Эльбрус» ансамблым, «Гармония» студием и гъэсэнхэм.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: