Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм и унафэм щIэт къэрал кIэзонэ, бюджет, автоном IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм улахуэ зэрырат Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

2023 гъэм мэкъуауэгъуэм и 5-м Налшык къалэ №106-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэжынымкIэ и министерствэм и унафэм щIэт къэрал кIэзонэ, бюджет, автоном IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм улахуэхэр зэрырат Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 6-м къыдигъэкIа унафэ №154-ПП-мкIэ къащтам и 11 Iыхьэм и 10-нэ пунктым и 10.1-нэ пункт щIагъым къыщыкIуа «2-нэ квалификацэ щытыкIэ» увыпIэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн «4395» бжыгъэхэр «4935» бжыгъэхэмкIэ щызэхъуэкIауэ.
 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий.

Поделиться: