Зи фэеплъ мыкIуэдыжынухэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Фэеплъымрэ нэщхъеягъуэмрэ я махуэм и дамыгъэ «ЩIыхьым и мафIэ мыужьыхым» удз гъэгъа щытралъхьэ Iуэхугъуэм. Ар ирагъэхьэлIат Хэку зауэшхуэр къыщыхъея мэкъуауэгъуэм и 22-м.

ТекIуэныгъэм папщIэ зи псэр зытахэр ягу къагъэкIыжыну зэ­хуэ­сым къекIуэлIащ УФ-м и Суд приставхэм я къэрал IуэхущIапIэм и уна­фэщI - Урысей Федерацэм и суд пристав нэхъыхьэ Аристов Дмитрий, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, Налшык къалэ администрацэм и унафэщI Ахъуэхъу Таймураз сымэ, зауэм хэта ветеранхэр, хабзэхъу­мэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, «Юнармия» сабий-ныбжьыщIэ зэщIэхъееныгъэу Урысейм щыIэм хэтхэр. Апхуэдэ дауэдапщэхэр щызэхэтащ республикэм и къалэхэм, муниципальнэ щIыналъэхэм. 
КъБР-м и Iэтащхьэм республикэм ис цIыхубэм а нэщхъеягъуэм епха псалъэхэмкIэ захуигъэзащ: 
«Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ! 
Нобэ - Фэеплъымрэ нэщхъеягъуэмрэ я махуэм - ди тхыдэм и напэкIуэцI нэхъ гущIыхьэхэм ящыщ зы дигу къыдогъэкIыж - 1941 гъэм мэкъуа­уэ­­гъуэм и 22-м Хэку зауэшхуэм щIидзауэ щытащ. Ди къэралым щыпсэу цIыхубэм дежкIэ ар гузэвэгъуэшхуэу къы­щIэкIат. Зауэр зылъэмыIэса зы унагъуи, зы уни къэнакъым. Ауэ апхуэдэ гъэунэхугъуэ гущIэгъуншэм совет цIыхубэр иригъэкIуэтакъым, я псэм хэлъ къарур къагъэлъагъуэу, дуней псом ирагъэ-лъэгъуащ лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм хузэфIэкIынур. 
Ди адэхэмрэ абыхэм я адэжхэмрэ лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ я щапхъэ мыкIуэдыжын къагъэлъэгъуащ, лъэпкъым и хуитыныгъэм лъэгущIыхь зыхуащIри, адэжь щIэину щыт Хэкур зэрып­хъуакIуэ-хэм кърагъэлащ. 
Дэ фIыщIэ яхудощI цIыхупсэ мелуан бжыгъэ зыщIата ТекIуэныгъэр гъунэгъу къэхъуным щIэбэнахэм. Зэи дигу ихужынукъым ди цIыхухэм зэрахьа а лIыгъэшхуэр. 
Нобэ абыхэм ядэплъейуэ, Хэкум хуаIэ лъагъуныгъэр я гъуазэу, хахуагъэрэ лIыгъэрэ къагъэлъагъуэу, а къалэн дыдэр ягъэзащIэ Урысейр хуиту, и щхьэ и унафэ ищIыжу дунейм тетыным щIэбэну дзэ Iуэху хэхам хэтхэм. Мы махуэ лъапIэм абыхэм дохъуэхъу икIэщIыпIэкIэ ТекIуэныгъэр я Iэпэгъуу къагъэзэжыну. Лъахъшэу захудогъэщхъ зауэм хэта ветеранхэм. ХэкIуэдахэм я цIэхэр зэи ди гум ихужынукъым», - жиIащ республикэм и Iэтащхьэм.

Поделиться: