Къэрал Думэм и депутатым IуощIэ

 «Урысей зэкъуэт» партым и щIыналъэ къудамэм и Iуэху зыIутхэр зригъэщIэну Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуа, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Демченкэ Иван КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ.

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ УФ-м и Президентым и жэрдэмкIэ къыхалъхьа, егъэджэныгъэм  пыщIауэ мыхьэнэшхуэ зиIэ проектхэр зэрагъэзащIэм. ФокIадэ мазэм Къэбэрдей-Балъкъэрым школыщIэу 3 къыщызэIуахынущ, илъэсым и кIэм ирихьэлIэу школи 7-м я ухуэныгъэхэр нагъэсынущ, етIанэгъэ 9 хьэзыр хъунущ.  Егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм щыпащэ, мы илъэсым школ 40 зыхуей хуагъэзэжынущ, абыхэм я нэхъыбэр къуажэхэм дэтщ. 
Апхуэдэу зэIущIэм и гугъу щащIащ 2022 гъэм партым и щIыналъэ къудамэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэм, абыхэм ящыщу дзэ  Iуэху хэхам хэту къулыкъур езыхьэкIхэм зэрадэIэпыкъу­ми къытеувыIащ. КъищынэмыщIауэ, дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я уна­гъуэхэмрэ дэIыгъыным хуэгъэпсауэ къызэрагъэпэща, «Хэкум и ­хъумакIуэхэр» къэрал фондым и лэжьыгъэми тепсэлъыхьащ.

Поделиться: