Адыгэхэмрэ дигорхэмрэ

  Кануков (Хъанухъти) унэцIэр зезыхьэ лIакъуэр лъабжьэжь зиIэ осетин алдар (пщы) лъэпкъым хеубыдэ. Ижь-ижьыж лъандэрэ абыхэм яубыд Донифарс жыхуаIэ щIыпIэр. 2017 гъэм Владикавказ дэт Гуманитар щIэныгъэхэмкIэ институтым къыдигъэкIауэ щытащ бзэ зыбжанэкIэ (осетиныбзэ, урысыбзэ, тыркубзэ) зэхэт «Есе Кануков» тхылъыр.

       Кануковхэ я лъэпкъым и къежьапIэм, я лъапсэжьыр къазэрыIэрыхьа щIыкIэм, дигорхэм хуитыныгъэ къахуэзыхьыжа Кануков Есе зэрихьа лIыгъэм теухуа уэрэдхэр, урысыбзэрэ тыркубзэрэ абы теухуауэ щыIэ зэдзэкIыгъэхэр, гукъэкIыжхэр, щIэныгъэлI лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэсащ а тхылъым. Ди дежкIэ мыхьэнэ нэхъыщхьэ зиIэр абы Къетыкъуэ Аслъэнбэч и цIэр къызэрыхэщырщ. 

         Донифарс къуажэр пщыгъуэ щхьэхуэу зэманкIэ щытащ. Езы лъэпкъым щызекIуэ хъыбарым ипкъ иткIэ, зызэман а щIыпIэр къэбэрдеипщ Къетыкъуэ Аслъэнбэч иубыдыну ехъуэпсати, Есе и лIыгъэм иригъэкIуэтри, апхуэдэ Iэмал къиритакъым.

          Дэтхэнэ IуэрыIуатэми ещхьу, Iуэхум и пэжыпIэр зыгурыбгъэIуэну тыншкъым. Тхыдэджхэм гу лъатащ уэрэдым зи цIэр къыхэщ Къетыкъуэ Аслъэнбэчрэ Кануков Есерэ щыпсэуа зэманкIэ зэрызэтемыхуэм. Нэхъ гурыIуэгъуэу къэхъуам топсэлъыхь а лъэпкъ дыдэм щыщу, Есе къытепщIыкIыжа, Куржым щыпсэу Кануков Константин. Абы къызэриIуэтэжымкIэ, осетин лIыхъужьыр зэпэщIэувар Къетыкъуэ Аслъэнбэч и къуэрт. 

          «1916 гъэм си адэм Тыркум кърахауэ фоч гуэр къыIэрыхьауэ щытащ, - игу къегъэкIыж Константин. – Псалъэмакъ куэд къекIуэкIащ абы теухуауэ. КъызэрыщIэкIымкIэ, ди лъэпкъыр зыщыщ Донифарс щIыпIэм а фочыр зыхэта Iуэхугъуэ щекIуэкIат. Къэбэрдеипщхэм Дигориер я тепщэгъуэм щIагъэувэну щыхуейм щыгъуэ,  Кануков Есе япэщIэувэри, я хъунщIэтеуэхэри, щIыпIэр яубыдын гукъыдэжри яхузэпиудауэ щытащ». 

         Хъыбарыр Константин езым и адэм къыжриIэжащ. Дэри ар зэрыщытыххэу фи пащхьэ идолъхьэ: «Зэгуэрым Къетыкъуэ Аслъэнбэч и къуэр, и дзэр щIыгъуу, Дигорием къихьэри, Кануков Есе лIыкIуэ хуигъэкIуат, и цIыхухэмрэ ишхэмрэ жэщ екIуэлIапIэрэ шхынрэ къаритыну унафэ хуищIу. Есе лIыкIуэхэм къажреIэ: «Вгъэзэжи, фи пщым жефIэ: «ХьэщIэу укъэкIуамэ, узыхуей псори пхуэтщIэнщ. Лейзехьэу укъэкIуамэ, хэт текIуэми, деплъынщ». ЛIыкIуэр Къетыкъуэм деж къэкIуэжри, аргуэру пщым и жэуапыр иIыгъыу игъэзэжащ Есе деж: «Сыт ухуейми къысфIэщ, ауэ сызыхуей псори къысхуэщIэ». Осетиныпщым аргуэрым псалъэ кърегъэхь: «Сэ ныжэбэ чэщанэм сыщIэсынущ. Си деж къакIуэ гъуэгур къэбгъуэтыну ухуеймэ, и къуапиплIым бжэгъу зырыз кIэрысщIэнщи, мафIэ щIэзгъэнэнщ. Пщэдджыжь си фочыр щэ згъэуэнущ».

          Къетыкъуэр жэщым чэщанэм бгъэдыхьэну тегушхуакъым, хъыбарым къызэрыхэщыжымкIэ. Нэху щыри, адыгэпщыр къубгъан иIыгъыу къыщIэкIащ, андез ищтэн папщIэ. И Iэр итхьэщIу здэщытым, Есе уэри, пщым къубгъаныкъум фIэкIа къыIэщIэмынэу, IэщIиудащ. Зихъумэжын зэрыхуейр къыгурыIуэу, Къетыкъуэр шым шэсауэ щежьэжым, Есе кIэлъыуэри, пщым и пыIэр щхьэриудащ. Ауэ ещанэ уэгъуэм IэщIэкIри, Iуащхьэ къуагъым зыкъуигъэпщкIуащ.

        Пщым аргуэру лIыкIуэ хуегъакIуэ осетин щIалэм: «УзэрылIыхъужьыр къызгурыIуащ. Ауэ си адэр зэи осетинхэм къаукIакъым, сэри апхуэдэу сыкIуэж хъунукъым. ДызэгурыгъаIуи, къуэш хуэдэу дызэбгъэдэгъэкIыж. Укъызэрызэуа фочри сыгъэлъагъу».

       Есе и фочыр къищтэщ, чэщанэм къыщIэкIри, пщым деж кIуащ.

«ДызэрызэгурыIуэнур зыщ, - жриIащ абы Къетыкъуэпщым. – ДяпэкIэ хьэщIэу фIэкIа, зы къэбэрдей щIалэ зэрыпхъуакIуэ къэмыкIуэну псалъэ быдэ къызэт. АбыкIэ сыбгъэпэжынумэ, мыр си Iэщи, къэубыд». Къетыкъуэр арэзы хъури, абдеж щегъэжьауэ Дигориери Донифарси хуит хъужащ.

         Уэрэдым и цIэри и зэхэлъыкIэри куэду зэщхьэщокI, IукIэ зыбжани иIэщ абы: «Кануков Есерэ Къетыкъуэ Аслъэнбэчрэ ятехуа уэрэд», «Сары-Аслъэнбэч теухуа уэрэд», «Донифарс щыщ Кануков Есе лIыхъужьым теухуа уэрэд», къинэмыщIхэр.  Сатыр зыбжанэ къэтхьынщ:

Сары-Аслъэнбэч балигъ хъури,

Къэбэрдейр зэрихьэн щIидзащ.

Ауэрэ унагъуэу тIысыжын мурад ещIри,

Бахъсэн щыщ Урысбий Кургъуокъуэ и пхъур щхьэгъусэу къешэ.

Кургъуокъуэ и пхъур вы фIыцIитIкIэ егъэдыщасэ,

Нэхъ дахэ Iэщым яхэмыту,

Я бжьакъуэхэр IуэнтIарэ угъуэнауэ,

Дэтхэнэ зыми дыщэ ахъшэ кIэрыщIауэ.

           Я псалъэхэр зэтемыхуэу щытми, уэрэдым хэува псалъэхэм дымыщIэ куэд къыдегъащIэ. А хъыбар дыдэр адыгэхэм зэрыжаIэжми уедэIуэну гъэщIэгъуэнт. АбыкIэ ди тхыдэджхэмрэ IуэрыIуатэджхэмрэ дащогугъ.

                                                                              ЧЭРИМ Марианнэ.

 

Поделиться:

Читать также: