ЗэхъуэкIыныгъэхэр иджыри йокIуэкI

Магнит губгъуэхэр къыщыукъубейм цIыхухэр зэригъэщхьэжагъуэм псори есэжащ: я щхьэхэр мэуз, я лъыр доуей е къоух.  Ауэ а и гугъу зэращIым хуэдэу шынагъуэу пIэрэ ар?

ЩIэныгъэлI биологхэм зэрыжаIэмкIэ, къуалэбзу лъэтэжхэр я гъуэгуанэм тощхьэрыукI, магнит губгъуэм и къарур нэхъ мащIэ щыхъум и деж.

 - Иджырей бзухэр зыкIи къащхьэщыкIыркъым илъэс мин 40 ипэкIэ щыIахэм. Ар биологиемрэ эволюцэмкIэ зэманышхуэу щыткъым. Къапщтэмэ, а лъэхъэнэ дыдэм, илъэс мин 40 ипэкIэ, магнит губгъуэр бзэхыпауэ щытащ. Абы щхьэкIи къэмынэу бзухэр нобэм къэсащ, а къызэралъэтыхьам хуэдэу къалъэтыхь, кIуэдыжыпIи ихуакъым, бзухэмкIэ ар гъуазэ нэхъыщхьэу зэрыщымытым къыхэкIыу.

 Магнит губгъуэхэр абыхэм къыщагъэсэбэпыр щIыр ямылъагъуу кIыфI щыхъурщ. Бзухэм я лъэтэжыгъуэр зытещIыхьа мардэр  илъэс мин бжыгъэкIэрэ псыхьа хъуащ, магнит губгъуэм къызэпхидз зэхъуэкIыныгъэхэмкIэ тыншу пхуэмыгъэкIуэдыну. Тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, бзухэр ауэ къэгъэнауэ, XVIII лIэщIыгъуэм Петербург хуэгъэза компас стрелкэр градус 20-кIэ екIуэтэкIа хъуат. Абдежми картэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэжын хуей зэрыхъуам нэхъ гугъуехь къыдэкIуакъым. А къэхъукъащIэм къежьапIэ хуэхъуар Ищхъэрэ, Ипщэ магнит губгъуэхэм я зыгъэзэгъуэрт.

 Илъэс зыбжанэ ипэкIэ а псалъэмакъ дыдэм бэр щIагъэдэIуащ. Пэжу, а зэхъуэкIыныгъэр иджыпстуи къэувыIэжауэ щыткъым, нэхъ хуэм хъуауэ аркъудейщ. ЩIэныгъэлI куэдыр гугъащ  къэхъугъэ нэхъ дахэу Ищхъэрэ щIыналъэхэм къыщалъытэ «Уэгу зэщIэпщIыпщIэр» ИпщэкIэ къыщыунэхуну - псори я пIэм итщ, - жиIащ щIэныгъэлIым.

Магнит губгъуэхэм  зыщахъуэжым къэхъукъащIэ шынагъуэхэр къыдэкIуэну хуэзыгъэфащэхэри щыIэщ. Абы и щытыкIэм щIэныгъэлIхэр кIэлъоплъри, иужь дыдэу ар къыщыхъуар илъэс мин 780-рэ ипэкIэщ икIи абыхэм илъэс мин 450-рэ къэс зэ захъуэж. Ар и кIэм щынэсынумрэ ар къызыхэкIымрэ зэкIэ зыри щыгъуазэкъым: щIым и магнит губгъуэр фIэкIуэдыпауэ нэху къекIынкIи  е илъэс минкIэ абы пэплъэн хуей хъункIи мэхъу.

ЩIэныгъэлIым къызэрыхигъэщамкIэ, апхуэдэ къэхъукъащIэм цIыхур дэкIуэдын хуейкъым. ЦIыхур дунейм къызэрытехъуэрэ илъэс мелуани 2,5-рэ мэхъу. А зэманым къриубыдэу щIым и магнит губгъуэхэр зыбжанэрэ фIэкIуэдащ, арщхьэкIэ цIыхур дунейм тетщ. Илъэс мин 70, илъэс мин 45-рэ ипэкIэ ар мащIэ дыдэ хъуауэ щытащ, иужьрейм щыгъуэ фIэкIуэдат и къарум и процент 75-р. Апхуэдэу илъэси 100 дихащ (нэхъыбэу дихыр апхуэдиз илъэсщ)  икIи абы къыдэкIуэну зытешыныхьа мутацэхэри я нэгу щIэкIакъым. Ахэр къызэрыхъунум шэч хэлътэкъым, илъэс мин бжыгъэ дихыу щытамэ.

Шэрэдж Дисэ.

 

Поделиться: