Дохутыр IэщIагъэм къыхуигъэщIа

 

«Гу щабагъэр IэщIагъэ псоми дэщIыгъун хуейкъым, ауэ ар Iэмал зимыIэщ дохутырым и дежкIэ», - жиIэгъащ франджы тхакIуэ цIэрыIуэ Моруа Андре. Терапевт КъуийцIыкIу Мадинэ абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэщ. Ар зэIэзахэм, зыкIэлъыплъ сымаджэхэм зэрыжаIэмкIэ, а бзылъхугъэр зыпэрыт IэщIагъэм къыхуигъэщIащ. «Мадинэ зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIэкIщ, цIыхугъэшхуэ зыхэлъщ, абы и псалъэм, и плъэкIэм гукъыдэж къыдитыжу апхуэдэщ», - жаIэ абыхэм.

- Мадинэ, уи IэщIагъэр уэ езым къыхэпхыжа хьэмэрэ адэ-анэм я чэнджэщкIэ дохутыр ухъуа?

- Сызэрысабийрэ сехъуапсэрт дохутыр сыхъуну, халат хужь зыщыгъхэр щыслъагъукIэ сфIэгъэщIэгъуэну сеплъырт, яхузэфIэмыкI щымыIэу къысщыхъурт. Сэри сыхуейт абыхэм ещхьу, цIыхухэм сэбэп сахуэхъуну. Си сабиигъуэм дохутырхэм зезгъэщхьу куэдрэ сымыджэгуаи! Балигъ сыхъуа нэужь, си хъуэпсапIэр зэрызэзгъэхъулIэным сыхущIэкъуащ. КъБКъУ-м и медицинэ факультетым сыщеджащ, адэкIэ интернатурэмрэ ординатурэмрэ си щIэныгъэм, Iэзагъэм щыхэзгъэхъуэжащ.

- Лэжьыгъэм щыпча япэ лъэбакъуэхэр пщIэжрэ?

- Шэч хэмылъу, япэу узыпэрыувэ сыт хуэдэ лэжьыгъэми гугъуехь гуэрхэм ущыIуоуэ, зэуэ тыншу ухэзагъэуи щыткъым. ФIы дыдэу сощIэж япэу сызэIэзар. Лэжьэн щIэздза къудейт абы щыгъуэм. Жэщым плъыру сыщыIэу, зы сымаджэ и тхьэмбылым игъэгузавэ, узым къыхигъэзыхь хъуащ. Сызэчэнджэщыни къыздэIэпыкъуни щымыIэу тIэкIу сыгужьеями, схузэфIэкIащ абы и узыр щхьэщысхын. Абы иужь, илъэситIи дэкIауэ, а сымаджэр автобус къэувыIэпIэм деж щыту слъэгъуати, гуапэу сигу къэкIыжащ абы сызэрыдэIэпыкъуауэ щытар.

- Мадинэ, уэ узэреплъымкIэ, дохутырыр сыт хуэдэу зэрыщытын хуейр?

- «Дохутырым и псалъэ къудейри хущхъуэщ», - жыхуаIэр егъэлеиныгъэкъым. Хущхъуэм япэ сымаджэм епт фIэщхъуныгъэр нэхъ сэбэп мэхъу абы и узыншагъэм зыкъигъэзэнымкIэ.   Псом япэрауэ, дохутырыр сымаджэм щепсалъэкIэ гугъэ иритыфу щытын хуейщ. КъищынэмыщIауэ, халат хужь зыщыгъ дэтхэнэми ихь жэуаплыныгъэр нэсу зыхищIапхъэщ. Гуапэу, щабэу щытыныр дохутырым хэлъын хуей хьэл-щэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Мыдрейуэ уи IэнатIэм узэрыпэлъэщын щIэныгъэрэ Iэзагъэрэ убгъэдэлъын зэрыхуейр  гурыIуэгъуэу къысщохъу.

- Фи лэжьыгъэр тэмэму къызэгъэпэща хъунымкIэ сыт хуэдэ гугъуехьхэр щыIэ?

- Иужьрей зэманым унафэщIхэм узыншагъэр хъумэн IэнатIэм гулъытэ нэхъыбэ хуащI хъуащ, программэ зэхуэмыдэхэр къыхалъхьауэ мэлажьэ. Псалъэм папщIэ, къуажэхэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэмкIэ къызэгъэпэщынымкIэ «Къуажэ дохутыр» программэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ди лэжьыгъэмкIэ дыкъэзылъахъэ щыIэу схужыIэнукъым, зыкъытхуэзыгъазэхэм зэрытхузэфIэкIкIэ дэIэпыкъуэгъу дахуохъу.

         - ЦIыхухэм я узыншагъэр тэмэму яхъумэжынымкIэ сыт хуэдэ чэнджэщкIэ захуэбгъэзэнт?

- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди цIыхухэр узым къыхимыгъэзыхьауэ дохутырым и деж кIуэнукъым. Мис ар щыуагъэшхуэщ. Iэмал зэриIэкIэ илъэсым зэ я узыншагъэр кърагъэпщытэн хуейщ. Ар хабзэ яхуэхъуамэ, узыншэнымкIэ икъукIэ щхьэпэт. Узыр и чэзум къэпхутэмэ, куэдкIэ нэхъ гъэхъужыгъуафIэщ. Ар хэтIасэмэ, нэгъуэщI узыфэхэри къыдохъейри, сымаджэр къарууншэ мэхъу.

Епсэлъар

Тау Заремэщ.

 

 

Поделиться: