Нартыху Iухыжыгъуэм ирихьэлIэу

Гъатхэр уэлбанэрилэу щыщытым нартыху жэпкъыр зышх цIыв цIыкIухэр, бжьэхуц хьэндырабгъуэхэр мэбагъуэ.
ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, жэпкъышх хьэндырабгъуэхэм я жылэр нартыху тхьэмпэхэм я щIагъым щагъэтIылъ, Iэм къыкIэрыпщIэ шхэпскIэ щIауфэжри, адэкIэ, зыми темышыныхьыжу, хьэпIацIэхэр къыщрашыну пIалъэм поплъэ. Ахэр зэран мэхъу кIэчаныр къыщищIым къыщыщIэдзауэ хъугъуэм нэсыху. Апхуэдэхэм деж нартыхум елэжьыпхъэщ химие инсектицидхэмкIэ.
Гъавапкъэхэм кIуэ пэтми зэрызаубгъум, зэман куэдкIэ ягъэунэхуауэ япэхэм щыIа пIалъэ пыухыкIахэм текIуэтауэ, хьэсэхэр къызэрагъэсэбэпым я зэранкIэ мэкъумэш къэкIыгъэхэм я зехьэкIэр нэрылъагъуу щекIакIуэ къохъу. ЩIым телэжьыхьхэм ящIапхъэщ зы щIыпIэм зэман кIыхькIэ нартыху щысэпсэ зэрымыхъунур. Гъавэр Iуахыжа нэужь хьэсапкъэхэм къытенэ жэпкъхэр, бзийхэр, нартыху сэмбхэр и чэзум куууэ щIамывэмэ, къыкIэлъыкIуэ гъэм и нартыху хэсэгъуэм (накъыгъэм) псэууэ гъэ щIэкIа хьэпIацIэхэм шылэ ящI. Ахэращ нартыхум и хэхъуэгъуэм тхьэмпэхэри нартыху цIыкIу къыдидзахэри щысхьыншэу зышхыр.
 Гибрид нартыхухэм нэхъ яхуэлъэ хьэндырабгъуэхэм ягъэтIылъа жылэхэм къатепщIыкIа хьэпIацIэхэм нартыху сэмбхэмрэ кIэчанхэмрэ зыри мыхъужыну зэхашхыхь, жэпкъым и кум исхэр тыншу адрей гъунэгъухэми мэIэпхъуэ. Псори шхын яуха нэужь, жэпкъ лъабжьэм кIуэнурэ абы щыпсэунущ. Апхуэдхэм деж хьэпIацIэхэм нэхъыбэу зэщIащтэ жэпкъхэр пыупщIыпхъэщ.
ХьэпIацIэхэр щыбэгъуа хьэсэхэр, нартыхум шэр къыщыщIыхьэ зэманым ирихьэлIэу, силосу Iуахыжрэ, куууэ щIыIэрысу явэмэ нэхъыфIщ, къыкIэлъыкIуэ гъэм ахэр игъэмэщIэн хуэдэу.
 Иджыпсту гъэмахуэм и хуабэгъуэщ. Дунейм и къэхъукъащIэхэм я зэранкIэ нартыху хьэсэхэр цIырхъ хъумэ, абыхэм я лъабжьэр мэф, фузариозым еубыд, цIывхэм зэщIащтэ. Уэлбанэрилэрэ дунейр щIыIэтыIэмэ, нартыху тхьэмпэхэр зыгъэхуалэ, зыс, псыр къыщIэзыфыкI гельминтоспориоз, бактериоз узыфэхэр къохъей. Абыхэм нартыхупкъэхэр щызыхъумэфыну щыIэр пIалъэ пыухыкIам тету ирагъэкIуэкI кIэлъыплъыныгъэхэмрэ ирахьэлIэ хущхъуэгъуэхэмрэщ.
Мы зэманым гуэдзымрэ хьэпцIиймрэ Iуахыж, абы къыкIэлъыкIуэнущ нартыхури. Ар зыгъэкIхэр етIанэгъэ гъавэ бэв кърахьэлIэну хуеймэ, иджыпсту щыщIэдзауэ хэгъуэр зэфIэкIыу, хьэсапкъэхэр явэжыху тетыпхъэщ щIэныгъэлIхэм къагъэлъагъуэ фитосанитар хабзэхэм.

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: