Къагупсысами, гъэщIэгъуэнщИлъэс 54-рэ ипэкIэ кърахьэкIа хъыбархэм ятетщIыхьмэ, 1969 гъэм бадзэуэгъуэм и 19-м, США-м «Аполлон» зыфIаща и хьэршырызекIуэ кхъуафэр дунейм щыяпэ дыдэу Мазэм щхьэщылъатэри, къыкIэлъыкIуэ махуэм щетIысэхащ. «Нэху» къызэрыщекIыуи, а уафэщI телъыджэм и лъэр щригъэувэхащ цIыхуищым я шуупэ гъуазэ (капитан) Армстронг Нил. Зимыгъэгувэу абы «кIэлъыпхъэращ» кхъуафэр зезыгъакIуэ (пилот) Олдрин Эдвин. ЗэрыжаIэжымкIи, а тIум къыщакIухьыни яхузэфIэкIащ а уафэщIым и гущIыIум.
АрщхьэкIэ, ди къэралым и IэщIагъэлIхэми къызэралъытэмкIэ, иджыри къыздэсым гурыIуэгъуэкъым, зи гугъу ящI Iуэхур ипэжыпIэкIэ къэхъуарэ уи фIэщ пщIыфын хуэдизу зэхагъэувауэ щытарэ. И щыпкъапIэр зэхэгъэкIынымкIи Iэмалу щыIэр зыщ: ди планетэм щыпсэухэр, хэт и щIысми, дяпэкIэ ишэсыкIыну зыщыгугъ «уафэшухэр» Мазэм и гущIыIум щыщу американхэр здэщыIауэ жыхуаIэм щетIысэхынырщ...
ИтIани, уахэр къэхутэнымкIэ ди пэщIэуэгъухэм, уи фIэщ пщIыфын хуэдизу, утыку къралъхьауэ щыта мы Iуэхум и «къекIуэкIыкIам» кIэщIу щыгъуазэ фыхуэтщIынщ. Дапхуэдэу щымытами, ари Iэмалщ ЩIы Хъурейм тесхэм нэгъуэщI уафэщIхэр къагъэIурыщIэнымкIэ пхыплъыпIэрэ хэкIыпIэу къалъытэхэм адэкIи зегъэубгъунымкIэ.
КъызэрекIуэкIар
1961 гъэм США-м щыщIадзат «Аполлон» зи фIэщыгъэ программэу космонавтикэм зегъэужьыным хуэгъэзар гъащIэм щыхэпщэным (Мазэм щитIысыкIыным теухуа и Iыхьэри хэту). Программэм и зэхэгъэувэкIэм ехьэлIауэ, 1962 гъэм фокIадэм и 12-м а къэралым щыпсэухэм я пащхьэ къыщыпсэлъат США-м а лъэхъэнэм и Президенту щыта Кеннеди Джон.
Программэм и гъэзэщIэныр и пщэ далъхьат II Дунейпсо зауэм кърикIуахэм япкъ иткIэ Германиер зыбгына нэмыцэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Вернер фон Браун. Арат къэзыгупсысар ЩIы Хъурейм щхьэщыт хьэуам ищхьэкIэ щыIэ и нэзым, хьэршым ухэзышэу къалъытэм, пхыкIыфа Фау-2 зыфIаща ракетэри.
Къыхэгъэщыпхъэр аращи, и щIэдзэгъуэм США-м къызэрехъулIа щыIэкъым иутIыпщ кхъуафэхэм хьэршым я хуеблэгъэкIэр зэрекIуэкIа щIыкIэр. ЖыпIэнур арамэ, и япэ ракетэхэр здынэсаи щымыIэу, е зэтекъутэрт, е къызэщIэлыдэурэ езыр-езыру къэуэжырт. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, а лъэхъэнэм НАСА-м и ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэу къэлъытапхъэр 1967 гъэр къихьэху иутIыпща и кхъуафэхэм ящыщ зым ди планетэм и орбитэм ихьэну зэрыхузэфIэкIарщ. АрщхьэкIэ, ари, уахэм къызэрыщилъэтыхьа щымыIэу къыщызэтеуат.
ИтIани, аэронавтикэм хэзыщIыкI щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, США-р мы Iуэхум и щIэдзэгъуэм лъэпощхьэпо куэд зэрыщыIущIар бгъэщIагъуэ хъунукъым. Сыту жыпIэмэ, ди къэралым и IэщIагъэлIхэри гугъу зэдехьат Совет Союзым и космонавт Гагарин Юрий хьэршым яутIыпщын ипэ къихуэу. Ди щIэныгъэлIхэми ЩIым трагъэлъэтыкIыну япэщIыкIэ къайхъулIар «кхъухь» хужыпIэну щымытми, абы хуагъадэ макетхэм хуэдэт.
1967-1968 гъэхэм ди хьэрхуэрэгъухэм яутIыпща Аполлон-4-нэ, Аполлон-5-нэ, Аполлон-6-нэ кхъуафэхэр цIыху зэрымыст. Уахэр зи «плъапIэ» а кхъухьхэм яхузэфIэкIащ ЩIым и орбитэм ихьэу къагъэзэжын, арщхьэкIэ зэрызыщагъэгува щымыIэу (зекIуэм я нэхъ кIыхьыр сыхьэт 20-щ зэрекIуэкIар).
АдэкIэ, зэрагъэхъыбарымкIэ, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа проектым ипкъ иткIэ дунейм къытрагъэхьа Аполлон-7-м, 1968 гъэм жэпуэгъуэм и 11-м яутIыпщам, астронавтхэу Ширра Уолтер, Айзли Донн, Каннингем Уолтер сымэ ирагъэтIысхьат.
Кхъухьыр, и етIуанэ Iыхьэр (ступень) и гъусэу, ЩIым и уэрдыхъум (орбитэм) ихьэри, махуэ 11-кIэ и хъуреягъыр къилъэтыхьащ. АпщIондэхукIи ягъэнэхуащ Мазэм щыкIуэкIэ здрашэжьэну зыхуагугъэ пкъыгъуэхэм я быдагъэр здынэсыр… Абы иужькIэ, кхъуафэм, зыкIэритIэтыкIыу зыкъыкIэрызыщIэжа и етIуанэ Iыхьэм IэщIэкIыпэщ, езыми гулъэф тIэкIу ищIри, ЩIым и хьэуа Iувым гъунэгъу зыкъыхуищIыжащ.
Аполлон-8-р, астронавтхэу Борманн Фрэнк, Ловелл Джеймс, Андерс Уильям сымэ зэрысар, 1968 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м гъуэгу техьащ. Кхъухьлъатэр махуихым Мазэм нэсщ, а уафэщIым и хъуреягъыр зыбжанэрэ къилъэтыхьри, зытекIа ЩIы Хъурейм къигъэзэжащ (американхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ).
Абы иужькIэ, ди планетэм зыкъытезыIэтыкIа Аполлон-9-ми Аполлон-10-ми цIыхухэр исащ. Абыхэми щIэныгъэлIхэм Мазэм «хуагъэтIыгъуэ» пкъыгъуэхэр хьэршым зэрезэгъым, къытрагъэзэжурэ, щыгъуазэ зыщыхуащIащ.
ИкIэм-икIэжу, 1969 гъэм бадзэуэгъуэм и 16-м, ЩIы Хъурейм телъэтыкIащ Аполлон-11-р, астронавтхэу Армстронг Нил, Олдрин Базз (Эдвин), Коллинз Майкл сымэ зэрысар. Ар Мазэм екIуэталIэри щетIысэхащ. Махуи 8 дэкIри, бадзэуэгъуэм и 24-м ЩIым къэзыгъэзэжа кхъуафэр хы Хуэмым тешэсащ.
Тхыдэм къыхэна а илъэсым иужькIи, «Аполлон»-хэм ящыщу къыкIэлъыкIуахэри (американхэм зэрагъэхъыбарымкIэ) Мазэм щепсыхащ е и хъуреягъыр къалъэтыхьащ, ящыщ дэтхэнэми къащыщIа щымыIэу. Аполлон-17-р, иужьрейр арати, ар ди гъунэгъу уафэщIым щыщетIысэхар 1972 гъэращ. Абы лъандэрэ цIыхуцIэ зиIэ Мазэм щебэкъуэхакъым.
Ахэр, дауи хъарзынэт, мы Iуэхум - американхэр Мазэм мызэ-мытIэу щетIысэхауэ зэрагъэхъыбарым - мыгурыIуэгъуэу хэлъыр куэдыIуэу щымытатэмэ...
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
02.05.2024 - 12:31 →
Зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI дохутыр
02.05.2024 - 12:28 →
ТхьэкIумэкIыхь зыгъэхъухэм ящIапхъэщ
01.05.2024 - 13:43 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» зрагъэубгъу
|