ПIастэр щагъэкIри кIэртIофыр къыздикIри пщыгъупщэжынкъым

Зы махуэ гуэрым Iиблис Хъуэжэ деж къыщIыхьэри, мэкъумэш лэжьыгъэхэм теухуауэ къеупщIу щIидзащ. 1иблис къызэреупщIхэм Хъуэжэ щIэдэIури, къыгурыIуащ абы мэкъумэшым зыри зэрыхимыщIыкIыр.

– А укъызэрызэупщIхэм я жэуапыр езы лэжьыгъэм къыщыпщIэнщ. Дзейуэ къызгухьи дыздэгъэлажьэ, гъавэу къытетхыр ди зэхуэдитIщ. Ерыскъы пшхыхэр къыздикIыр къозгъэщIэнщ, – жиIащ Хъуэжэ.
Арати, тIури зэгурыIуэри, зэдэлажьэу щIадзащ. Япэ гъэм мэш трасати, гъавэ бэв къахуэкIащ.
– Дауэ иджы мэшыр зэрыдгуэшынур, – пхъэидзэкIэ хьэмэрэ нэхъыжьыгъэкIэ? – щIэупщIащ Хъуэжэ.
– Iэу, пхъэидзэкIэ дыгуашэу сабий цIыкIу дыхъуа, нэхъыжьыгъэкIэ дыхэдэнщ, – жиIащ 1иблис, Хъуэжэ и нэхъыжьыгъэм пщIэ зэрыхуищIыр къыхигъэщу.
– Дэгъуэщ. Си нэхъыжьыгъэм пщIэ зэрыхуэпщIым щхьэкIэ фIыщIэ пхузощI, лей пкIэлъызесхьэмэ, Тхьэм сигъэкIуэнкъым, зэхуэдитI дыдэу згуэшынщ, – мэшым и щхьэкIэр сэсейщ, и лъабжьэр уэуейщ, – жиIащ Хъуэжэ.
Абы жиIам 1иблис арэзы техъуэри, Хъуэжэ щхьэмыжыр пихыу и гуэн ирикIутэжа нэужь, езыми лъабжьэхэр къыхичри игъэтIылъыжащ. Зэман куэд дэкIа, мащIэ дэкIа, 1иблис Iыхьэлейм икIауэ къэуIэбжьауэ Хъуэжэ деж къэкIуащ:
– Дауэ мыр пIастэ зэрыпщIынур? – жиIэри.
– Сэ зэрысщIым къыкIэлъыплъи, псори къэпщIэнщ, – жиIэри Хъуэжэ абы иригъэлъэгъуащ мэшыр зэраIуэр, зэрыщIагъэпщыр, зэраужьгъыр, зэрагур, зэралъэсыр, псы къавэм хакIутэу пIастэ зэращIыр. 1иблис къэкIуэжри, мэш лъабжьэри апхуэдэу ищIыну иужь ихьащ, арщхьэкIэ зыри къыщемыхъулIэм къэгубжьри, Хъуэжэ деж къэкIуащ.
– Сыт сыкъыщIэбгъэпцIар, пIастэ къызыхащIыкI мэш щхьэкIэр уэ къызыхуэбгъэнэжу, зыкIи мысэбэп лъабжьэхэр сэ къыщIызэптар? – жиIэу.
– Умыгубжь, умыгубжь, 1иблис, псом нэхърэ нэхъыфIщ пIастэ къызыхащIыкIыр къызэрыпщIар. ДяпэкIэ зыми зыкъебгъэгъэпцIэжынкъым. Мес мо си гуэныжьым илъ хум и зэхуэдитIыр узот, иджыри гъатхэ къакIуэ дызэхуэзэжынщ, – жиIэри, Хъуэжэ и хум и зэхуэдитIыр иритащ.
ЕтIуанэ гъэм вакIуэ дэкIыгъуэр къэсри, Хъуэжэрэ 1иблисрэ зэдзейуэ зэдэлажьэу щIадзащ. Мы гъэм кIэртIоф хасащ. Гъавэ къехьэлIэжыгъуэр къихьэри, тIури губгъуэм дэкIащ кIэртIоф къатIыжыну.
– Иджы, 1иблис, иужькIэ зыгуэр къысхужумыIэжын папщIэ, уэ япэ ухызогъадэ, къыхэх узыхуейр: щхьэкIэрами лъабжьэрами, – жиIэри, Хъуэжэ увыжащ.
– Лъабжьэр фIымэ уэри зэ гъэунэху, сэ и щхьэкIэр къыхызох, – жиIэри, 1иблис кIэртIоф жэпкъыр къихыу щIидзащ.
Хъуэжэи, хьэуэ химылъхьэу, 1иблис жэпкъыр зэригъэкъабзэу, кIэртIофыр къитIыжри къишэжащ. Зэман куэд дэкIа, мащIэ дэкIа, 1иблис гуэрыр губжьарэ тачым-тау жригъэIэу Хъуэжэ деж къэсащ:
– СлIожь, цIыхур къыумыгъапцIэу пшхыр уи дзажэ щIыдэмыхьэр: аргуэру къыслъысар пшхы хъуркъым, сыномызэуауэ сыкIуэжмэ, Тхьэр согъэпцI!
– Уэра зыкъэзыгъэпцIэжар хьэмэрэ сэра укъэзыгъэпцIар? Уэракъэ хэдэу щхьэкIэр къыхэзыхар. СлIо, пцIыупсу цIыхум сащIыхэбгъаIуэр? Уэлэхьи, укъызэзауэмэ сэри сынозэуэжынкIэ! – жиIащ Хъуэжэи.
– Дауэ дызэрызэзэуэнур? – жиIэу 1иблис щыщIэупщIэм, Хъуэжэ щIэжри, зы дамэкъуэрэ зы къурагърэ унэм къыщIихьащ. – Иджы укъэзгъэпцIауэ жумыIэн папщIэ хэдэ мыбы, – жиIэри 1иблис и пащхьэм ирилъхьащ.
Къурагъыр апхуэдизу кIыхьти, унэм зыщигъазэ къудейт. А тIум 1иблис зэрыIуплъэу игу къэкIащ: «Къурагъыр къыхэсхынщи, зыбгъэдэзмыгъэхьэурэ, щIэскъухьынщ», – жиIэри икIи пхъуэри ар къыхихащ. Хъуэжэ дамэкъуэ кIэщIыр къищтэри, зэзауэу щIадзащ. 1иблис и къурагъым унэм зыщимыгъазэурэ, Хъуэжэ ар быдэу дамэкъуэкIэ щIикъухьащ. 1иблис къэкIиящ:
– Уэ лIыгъэ уиIэмэ, ди Iэщэхэр зэдгъэхъуэж!
– Дэгъуэщ, – жиIащ Хъуэжэ, – ауэ мы унэми дыщIэгъэкI, нэхъ хуиту дызэзэуэнщ. 1иблис абыкIэ арэзы хъури, я Iэщэхэр зэрахъуэжащ, щIыбми къыщIэкIащ. Унэм къызэрыщIэкIыу, къурагъ кIыхьыр Хъуэжэ игъэкIэрахъуэурэ 1иблис зыбгъэдимыгъэхьэу фIыуэ аргуэру икъуу хуежьащ. Хуэмышэчыжу 1иблис къэкIиящ:
– Уа, Алыхьым и хьэтыркIэ, щхьэкIэми лъабжьэми сыхуейкъым, щыдгъэгъэтыж, – жиIэри.
Хъуэжэ ину дыхьэшхри жиIащ:
– Мис иджы лъабжьэр зэращIри, щхьэкIэр зищIысри, пIастэр щагъэкIри, кIэртIофыр къыздикIри пщыгъупщэжынкъым!

Зытхыжар КЪАРДЭНГЪУЩI Зырамыкущ, Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫШ Муратщ.
Поделиться:

Читать также: