НОБЭ

ШыщхьэуIум и 18, мэрем

Урысейм щагъэлъапIэ Географым и махуэр
1941 гъэм
КъБР-м тхьэмахуэ щIыхьэху щекIуэкIащ. Абы хэтахэм къалэжьа сом мин 300-р Зыхъумэжыныгъэм и фондым халъхьащ.
1934 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Аттоев Сэлихь.
1949 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, генерал-лейтенант Ешыгуауэ Руслан.
1950 гъэм къалъхуащ усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Вындыжь Марие.
1957 гъэм
къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, прунж гъэкIыным елэжь щIэныгъэ центрым и унафэщI Хъурум Хьэзрэт.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 30 – 31-рэ, жэщым градус 20 – 24-рэ щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Насып зимыIэм и дзэр хъудырми IуещIыкI.

 

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

08.05.2024 - 09:00 НОБЭ
07.05.2024 - 09:12 НОБЭ
06.05.2024 - 13:11 НОБЭ
03.05.2024 - 09:08 НОБЭ