Лъэужь телъыджэ зиIэ цIыху

Къаффэм, Сан-Джорджио и ахъшэ хъумапIэм я унафэщIхэм зэрызахуигъэза тхыгъэхэм къазэрыхэщыжымкIэ, Захарие абы унафэ хэлъу яжриIэрт Матрегэ къашэ, ираш хьэпшыпхэм, ерыскъыхэм папщIэ Iах ахъшэр нэхъ мащIэ ящIыну. Абы и «лъэIум» Iэ къытрадзащ 1472 гъэм. Зыхуейр къыIэрыхьами, Захарие ахъшэ хуэныкъуэт, хурикъуртэкъым, зытригъэкIуадэри къахуэщIэртэкъым.

Iуэхур хэкIыпIэншэ хъууэ гу щылъитэм, Захарие зы Iуэху телъыджэ гуэр и щхьэм къихьащ - и къэралыгъуэ цIыкIур къиплъыхьщ-ниплъыхьри, нэхъ тэмэм дыдэу къилъытэ щIыпIэм деж быдапIэ щиухуащ. Нэхъ пасэIуэу зэрызищIахэр зыщигъэгъупщэжри, и адыгэ благъэхэр зыдигъэIэпыкъуурэ ахъшэ хэхыпIэ къигъуэтащ - зыхэдз имыIэу, и «къэралым» къекIуалIэ хытетхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ псоми тын къариIыхыу щIидзащ.

Сан-Джорджио ахъшэ хъумапIэм и унафэщIхэм ар къызэращIэу, Къаффэм зыкъыхуагъэзащ Захарие зэхиубла Iуэху бзаджэр IэщIыб ирагъэщIыну, абы къищынэмыщIауэ, зи мылъку хэкIуэдахэм я ахъшэр ирырагъэтыжыну. Ауэ Захарие тхьэ иIуэрт къыхиха тыныр и благъэхэм тыгъэ яхуищIыурэ IэщIэкIуэдэжауэ, зыри имыIэжу. Иджыри къэс Захарие зэрихьа Iуэху бзаджэхэм я щхьэжу мыри жиIащ: «Апхуэдэу щыхъукIэ, ахъшэ къыхэзыхыу гъунапкъэхэм щытар адыгэхэращи, мис абыхэм псори къатефхыж!».

Iуэхум апхуэдэу зыкъыщридзэкIым, уэркъ щIалэщIэм и благъэ зауэлI хахуэхэм зыпащIэнкIэ шынэри, Захарие игъэкIуэса мылъкур «IэмалыншагъэкIэ къагъэсэбэпын хуей хъуам» патхащ, ауэ Гизольфи и «Iуэху хъарзынэр» зэхуащIащ.

Захарие и щытыкIэр хьэлэмэтт икIи гурыIуэгъуейт. Ахъшэ хуейуэ хъумапIэм екIуэлIакIэ, «хьэуэ» къыжраIэтэкъым, и чэзур къэсрэ яримытыжыфмэ, къытрагъэхьэлъащэтэкъым. Псори къызэрыхуэгъум къыхэкIыу, уэркъым политикэ «щхъуэкIэплъыкIэ» иригъэкIуэкIырт - и гъунэгъухэмрэ благъэхэмрэ къыдэIэпыкъуну елъэIурти, унафэр къыIэрыхьа нэужь, псоми яфIэнэжырт. Къаффэр хуабжьу арэзытэкъым Гизольфи и дуней тетыкIэмкIэ, икIэщIыпIэкIи кIэ къыхуигъэкIуэну къыщIэкIынт, хузэфIэкIамэ. Къаффэмрэ Матрегэрэ я зэхущытыкIэмрэ зэпыщIэныгъэмрэ апхуэдизкIэ зэхэзэрыхьыжати, хыхьэпIи-хэкIыпIи иIэкъым жыхуаIэм хуэдэт.

Захарие политикэ Iуэхухэм хэIэбэтэкъым, езыр зыхуей фIы гуэр къыхимыхынумэ. Псалъэм папщIэ, кърым хъанхэм я псалъэмакъым и Iуэху хилъхьэн хуей щIэхъуар сыт?

Кърым хъан Хьэжы-Джэрий дунейм ехыжа нэужь, тетыгъуэм трахуа Наурдаулэт зыпищIащ икIи тхыгъэ хуиутIыпщащ Матрегэм къызэрыригъэблагъэр, абы и дамэгъухэр щызэхуишэсу илъ ищIэжыну хуигъэлъагъуэу. А тхыгъэр зыхуитхам деж намыгъэсу яубдыри, Менглы-Джэрий хъаным Iэрагъэхьащ. Дауи, Хъаныр Къаффэм къэтхащ къэхъуар къиIуатэу. Арами, ар щIэлъэIуащ Захарие гущIэгъу хуащIыну, и щыуагъэр хуагъэгъуну. Къаффэм Захарие игъэкъуаншэми, хъийм икIауэ, IэубыдыпIэншэ хъуауэ къилъытэми, къаз псы кIэрыпщIэркъым жыхуаIэм хуэдэу, Гизольфи аргуэру «псым гъущэу къыхэкIащ».

Абы къыдэкIуэу, политикэ уафэр къызэщIэуфIыцIэу хуежьащ. Тыркур Кърымым зэрытеуэнур нэрылъагъут. Генуем европейпсо къару къызэригъэпэщу сулътIан Мухьэмэд ЕтIуанэм пэщIэувэну ищIа мурадыр къехъулIакъым. Хы ФIыцIэ Iуфэм щыпсэу урымхэм я пщэдей хъунури гурыIуэгъуэт. Къаффэр «пхырыхуа» нэужь, Захарие дэIэпыкъуэгъущIэхэм лъыхъуэу хуежьащ. Абы и щхьэмрэ и унагъуэмрэ къыщхьэщыжыфыну, дамэгъу къыхуэхъуну илъагъур Иоанн Ещанэрат.

Арати, 1483 гъэм Захарие урысей пащтыхьым хуэтхащ. ГущIэгъулышхуэ бгъэдэмылъми, цIыхухэр фIыщэу имылъагъуми, Иоанн Ещанэм Захарие и тхыгъэхэр гулъытэншэ ищIакъым. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абы и щхьэусыгъуэр зыт - пащтыхьым хы ФIыцIэм лъагъуэ къыхуигъуэтауэ арат. Абдежым щыщIадзэри, урысей пащтыхьымрэ Захариерэ щIэх-щIэхыу зэхуэтхэ хъуащ. Иоанн Ещанэм и гурыIупсыр ирикъухыу Захарие Мэзкуу ириджэрт, мыдрейм и Iуэхухэр зэхуэмыхъуурэ, хьэщIапIэ кIуэфыртэкъым. Апхуэдэу щыхъум, пащтыхьышхуэр 1489 гъэм фокIадэм и 6-м кърым хъан Менглы-Джэрий хуэтхащ «ТэтэритI гъакIуи, Захарие Мэзкуу къысхуегъашэ. Сэ си цIыхухэри Миусэ Iуфэ деж щыпежьэнурэ, узыншэу ди деж къагъэсынущ», - жиIэри. Аргуэру Захариерэ пащтыхьымрэ я мурадыр къайхъулIакъым - а зэманым ирихьэлIэу адыгэ щIыналъэм хьэргъэшыргъэшхуэ къыщекIуэкIырт, Гизольфи и унагъуэр унагъуэшхуэти, зызэщIакъуэрэ, щIыпIэр ябгынамэ, псом игу лъатэнут.

Абы къыдэкIуэу Менглы-Джэрий къыхегъэщ, минрэ хуейуэ щытами, Захарие зэрыдэмыIэпыкъуфынутэр. Ар къызыхэкIар, езы Захарие зимыщIэжрэ, зэрыхъуар къыгурымыIуэжу, адыгэхэм я Iэтащхьэ зэрыхъуаращ. Адыгэ чыристэнхэр, муслъымэныгъэ къэзыщтахэмрэ мэжусий диным къинахэмрэ яхуэмыдэжу, зауэм хэлIыфIыхьырт. Тыркухэм «зэпэщIэтыныгъэ» жаIэмэ, Захарие я нэгу къыщIыхьэу хъуат.

Уеблэмэ, Къаффэр тыркухэм яубыда нэужь (1475 гъэ), зи щIыналъэр хьэщхьэрыIуэу зыхъумэж адыгэхэм Матрегэ и быдапIэхэм иджыри илъэсиблкIэ зыщаIыгъащ.

Захарие и гъащIэр адэкIэ зэрыхъуам щыхьэт техъуэу мыпхуэдэ тхыгъэхэр къэнащ: «Си лъэпкъыр Матрегэ къызэрырахурэ илъэс зыщыплI хъуауэ, Матрикэ хытIыгум сыщопсэу. Тыркухэм я нэхъыбапIэр етхужьэжащи, ди псэукIэр ефIакIуэу хуежьащ. А псори зылъагъу цIыхухэр мыбы къокIуэ, ди гъунэгъуу щыта жылэхэр къоIэпхъуэ». Мы тхыгъэр Захарие куэд щIауэ зыдэлажьэ Сан-Джорджио ахъшэ хъумапIэм и унафэщIхэм яхуитхыу арат.

АдэкIэ тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Матрегэ и унафэщIу щыта Захарие здэIэпхъуа хытIыгум жылэшхуэ къыщызэригъэпэщат икIи и «къэралыгъуэу» щытар зэIэригъэхьэжыну щIэхъуэпсырт. Гизольфи Менглы-Джэрий и дэIэпыкъуэгъум хуабжьу щыгугъырт, и ныбжьэгъушхуэуи жиIэрт. И мурадыфIхэр къехъулIэнымкIэ мылъкушхуэ хуэныкъуэти, куэд щIауэ игъэныбжьэгъу, ахъшэ хъумапIэм и унафэщIхэм захуигъэзащ. «Си адыгэ благъэхэр си пщэм къыдэсщ, щIэх-щIэхыурэ хьэщIапIэ къысхуокIуэри, мылъку зэхуэсхьэсыфыркъым. Ахэр умыгъэхьэщIэмэ, умыгъафIэмэ, бий пхуэхъунущ. Сэ абы сыхуейкъым, ахэр си мурадыр къызэхъулIэнымкIэ иджыри сэбэп къысхуэхъужынущ», - итхырт Гизольфи.

Иужь дыдэу Захарие тхыдэм къыщыхэщыжыр 1500 гъэращ. Абы щыгъуэ Захарие Фрязину яцIыхурт икIи Менглы-Джэрий хуэлажьэрт. Урысейм и пащтыхьым Захарие иджыри иригъэблагъэрт, ауэ Гизольфи Мэзкуу нэсауэ къыщIэкIынукъым, адэкIэ Урысейм и тхыдэм къызэрыхэмыхьэххэм тепщIыхьмэ.

Зы къудамэм телъэтыкIрэ адрейм Iэпхъуэу, зэм фIы зыкъищIрэ, цIыхугъэншэу къыщIэкIыжу, пцIыупсрэ тхьэгъэпцIу яцIыхуа, иужькIэ адыгэ нэс хъуж пэта цIыху телъыджэм адэкIэ и гъащIэр зэрыхъуам зыми зыри хищIыкIкъым… Арами, къызэринэкIа тхыдэр телъыджэщ, зэи мыкIуэдынщ.

Поделиться:

Читать также: