Джэдур лым лъэмыIэсмэ…

Адыгэхэм диIэщ хъыбар зиIэ псалъафэ гъэщIэгъуэнхэр. Абыхэм ящыщ зыбжанэ фигу къыдогъэкIыж.
«Ер вы бжьакъуэм къокI» 
Псалъэжьыр къызытекIар мы хъыбарырщ: Анзорхэрэ Къуэгъулъкъухэрэ я Iэхъушэхэр псыефапIэм щызэхуэзащ. Къуэгъулъкъуэхэ я гуур Анзорхэ я вым епыджри иукIащ. Абы къыхэкIыу лъэпкъитIыр бий зэхуэхъури зэзэуащ. Псалъафэр абы къытекIащ.
 «Ахъмэт и фо изщ»
АхъмэткIэ еджэу бгы лъагэ, бгъуэнщIагъ зищIыжу, Къущхьэхъу щIыпIэм щыIэщ. А бгышхуэм и джабэм апхуэдизкIэ куэду бжьэр исщи, абы ящI фор гъэми щIыми бгы гъуанэхэм изу жаIэ. Ауэ апхуэдизкIэ бгыр лъагэщи, къипхыну Iэмал хуэбгъуэтыркъым: и лъабжьэмкIэ ущежьэу удэкIыфыркъым, ищхьэмкIэ кIапсэкIэ укъехмэ, бгыр хуэбгъуэнщIагъщи, фор зэрылъ гъуанэм улъэIэсыркъым. «Ахъмэт и фо изщ» псалъэжьыр абы къытекIащ. УлъэмыIэсмэ, сыт и мыхьэнэ жыхуиIэщ.
Щам и бжыхьу ирегъэкIуэкI
Щамыр и цIэт, езыр Астемырхэ ящыщт. Щам хьэрычэтрэ зэфIэгъэкIрэ имыIэу, и гъащIэр тхьэмыщкIэу ирихьэкIащ. ЩIымахуэ гуэрым пхъэгъэсын имыIэу унэм къыщIэнэри, гузэвэху чыху IэплIэ къыдичурэ, и щIапIэр къызэрыхухьа бжьыхьыр игъэсыжати, псалъафэр абы къытекIащ.
Парипых уихуэ
Парипыхыр щIыпIэцIэщ. Балъкъ Iуфэрэ Псыхъурей къуажэ щIыбымрэ я зэхуакурщ. Къэбэрдейм къытеуауэ щыта тургъуэтхэр (монгол лъэпкъхэм ящыщщ) Парипых деж хьэлэч зэрыщащIыгъам псалъэжьыр къытекIащ.
Джэдур лым лъэмыIэсмэ, «бэрэзджщ».
Дзасэм пыIуауэ лъагапIэм пылъ жэрумэхэр ишхыну джэдур дэлъейщ–дэлъейри, щылъэмыIэсым: «Бэрэзджщ», - жиIэурэ IукIыжащ. И мурадым зэрылъэмыIэсыфар и щхьэ тримылъхьэу щхьэусыгъуэ лъыхъуам ауаныщIу хужаIэ.
Шабзэкъур сыткIэ къэпщэхуа?
ЛIыжь тхышэр блэкI пэтрэ, щIалэ бзаджэ гуэрым щилъагъум: «Уа, тхьэмадэ, шабзэкъур сыткIэ къэпщэхуа?» - жиIэри ещащ. «Ей, си щIалэ, си щIалэ, Тхьэм фIыкIэ унигъэс, уэри си ныбжьым унэсмэ, зыри щIумыту къуатынщ», - жиIащ лIыжьым.
Щхьэр къэхь жаIэмэ, пыIэр къэхь
- А уи бийм и щхьэр къозгъэхьынщ, си щIалэ!» - жиIэри Сэтэней Сосрыкъуэ зэщIиузадэри дигъэкIащ. Сосрыкъуэ Тотрэш и щхьэр къихьри къэкIуэжащ. И анэ Сэтэней гуащэ деж щхьэр щыщIихьам, къеуэри и къуэр къыщIихуащ: «Щхьэр къэхь жаIамэ, пыIэр къэхь!» - жиIэри.
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: