Адыгэхэм я Махуэм ирихьэлIэу

                                                                           Хъыбарыжь

«Уэзы МураткIэ зэджэ, гущэри…»

Зи щхьэ ямыцIыхурэ зи даущ Iуа лIыхъужь гуейхэм хабжэрт абрэдж хахуэу къекIуэкIа Уэзы Мурат. А щIалэ щхьэмыгъазэм хъыбар куэд теIукIащ. Мыри абыхэм ящыщщ. 

Псыхуаби, Нартсани, Гумкъали, Шэткъали, сытми адыгэ жылэу щытахэм къыдэтIысхьахэр «Мурат къокIуэ» жаIамэ, зэрыгъащтэу хьэргъэшыргъэ зэрыхэгъахуэрт, бжэ-щхьэгъубжэхэр ягъэбыдэрт, «цырхъ» зэхахмэ, жэщкIэ къащтэу къигъэнат.

Ар и щхьэусыгъуэу, куейм и унафэщIым ХьэтIохъущокъуэ Едыдж и IупэфIэгъути, тыгъэхэр хъушэу къыхуихьри, хьэхрэ-щIыхэу къыхуэкIуащ.

«Дэ, адыгэм, ди дежкIэ хьэщIэр Тхьэм и лIыкIуэщ, сыт уи къэкIуэкIэ?» - жиIэу щеупщIым, къызытекIухьар щхьэтечу хуиIуэтащ.

«Дызэныбжьэгъущ икIи дызэгъунэгъущ, уи абрэджыр къызэт (зи гугъу ищIыр Муратт)! СынолъэIу!».

ХьэщIэр къызэрелъэIур бысымым хуищIэ хабзэти, псалъэ иритащ, иригъэубыду иритыну, е иукIыну. Едыджыр Муратым хузэгуэпырт, пщыгъэ къызэрыримыхым щхьэкIэ. Иджы щхьэусыгъуэ иIэт и натIэ иригъэкIыну.

ЛIитI игъэIущри, иутIыпщащ. «Мурат и лъагъуэкIэ» еджэу быдапIэ-мэзышхуэ гуэрым кIэлъыплъу щIадзащ. Пшапэ зэхэуэгъуэм лIищыр зэIууащ. Я Iуэху зытетымкIэ къыщеупщIым, Едыджым игъэлIыщIауэ, лIыщIапщIи къаримытыжауэ, я бынунагъуэхэри шэджэладжэ хъуарэ езыхэри къуажэм къыдихуауэ хуэтхьэусыхахэщ.      

«Хъуакъым ар, бетэмал! Ауэ, Iэмал зимыIэ щыIэкъым, ажалым фIэкIа. Мыдэ Гумкъалэ зы беижь дэсщ, хьэрэмыгъэ защIэкIэ мылъкушхуэ иугъуеяуи, зыгуэр къыпытхынщ», - къажриIащ Уэзым.  

Дзыхь къахуищIыну арат зыхуейхэри, лIитIым «дыарэзыщ» жаIэри, гуфIэ защIащ.

ХъунщIэр къайхъулIауэ къыщагъэзэжым, зэгъуэкI хъуахэти, къуацэ-чыцэкIэ зэщIэкIэжа Iуащхьэм и щыгум щепсыхащ.  

«Быдэ и анэ гъыркъым. Фэ мо хъуржынхэм ярылъыр щыуэ вгуэш. Сэ сыIукIынщи, пхъэр къыткIэлъыкIуэ хъумэ сызэщIэдэIукIынщ, сишми щэлъахъэ ислъхьэнщи сыкъыIухьэжынщ».

ЛIитIми, «мэзрэ мазэхэрэ уи щэху щумыIуатэ!» жыхуаIэр ящыгъупщэжауэ, я псэлъэмакъыр Муратым зэхех, хуэмурэ къыздэкIуэжым. КъэувыIэрэ зэщIэдэIукIмэ, зым «дыгъэукI», адрейм «хьэуэ, думыгъэукI» жаIэ. Япэм: «ДукIмэ, и Iыхьэри къытхуонэ, Едыджми мылъкушхуэ къыдитынущи, игъащIэкIэ дрикъунущ», - жеIэ. Мыдрейм: «Хьэуэ, Мурат хуэдэлI яукIыркъым, ди хьэтыри къилъэгъуащ!» - идэркъым.

Мурат зэхихар игукIэ игъэщIагъуэу, псчэуIу зищIурэ къыIухьэжащ. Зэхимыха хуэдэу ядэуэршэрурэ, «дыгъэукI» жызыIар къигъэтэджри, игъащIэкIэ къэмытэджыжыну иригъэтIысэхыжащ.

«ДумыгъэукI» жызыIам и гъусам и Iыхьэри къритри, къиутIыпщыжащ. «Уи япэкIэ мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуозэж..!». АфIэкIа апхуэдэ Iуэху зэи хэмыхьэжыну псалъэ иригъэтри, иутIыпщыжащ.   

          БАБЫГУЕЙ Сосрыкъуэ.

Поделиться:

Читать также: